Ухэт уэ, хьэт?

Илъэс мин бжыгъэ зыбжанэкIэ узэ­IэбэкIыжмэ, Кавказ Ищхъэрэмрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа, адыгэр къызыте­хъукIыжа хьэт лъэпкъыжьым и цIэр зе­зыхьэ къэфакIуэ гупыр мы гъэм илъэс 20 ирикъуащ. 2005 гъэм бадзэуэгъуэм и 9-м «Хатти» къэфакIуэ гупыр япэу утыку ­къыщихьауэ щытащ Къайсэр къалэм. Гупыр къызэрызэрагъэпэщам, блэкIа илъэсхэм къриубыдэу ягъуэта зэхъуэкIы­ныгъэхэм къытхутопсэлъыхь «Хатти»-м и уна­фэщI Балъкъэр Казбек. 

- Сэ адыгэ щэнхабзэр фIыуэ сэзыгъэлъэ­гъуар Думэныщ Iэулэдинщ. «Кабардинка» гупым сыщыхэтым абы тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ куэдым ды­къригъэдаIуэрт. Ар Iэулэдин апхуэдизкIэ дахэу, узыIэпишэу, гъэщIэгъуэну жиIэжырти, сыдихьэхыпауэ седаIуэрт. Мис абдежырщ къыщежьар сыкъызыхэкIа лъэпкъымрэ тхыдэмрэ хузиIэ лъагъуныгъэр. Си ныбжьэгъу гуэрым чэнджэщ   къызитащ: «КъэфакIуэ е уэрэ­джы­IакIуэ гуп зэхуэшэс, сэ мылъкукIэ зыпщIэзгъэ­къуэнщ». Сэри щIэ гуэр щэнхабзэм хэслъ­хьэну си гуращэти, сытегушхуащ. Сыкъигъэпэжащ - мылъкукIи зыкъысщIигъэкъуащ, «Хатти»-м щыгъа фащэхэр тхуезыгъэдари гъуэгу дытезыгъэувари аращ. ФIы­щIэ хуэсщI пэтми, сешыркъым. 
- Утыку къифхьа фащэщIэхэр ди цIы­ху­хэм къагурымыIэу, ипэхэм куэдрэ теп­сэ­лъы­хьауэ сощIэж…
- Пэжщ. Куэдым къыддагъуащ ди шыфэ-лIыфэр. «Мы фщыгъхэр адыгэ фащэкъым. «Кабардинка»-м фыдэплъей», - жаIэрт. Ауэ, дэфтэрхэм ухэплъэжмэ, европей зып­лъы­хьакIуэхэм къызэранэкIа тхыгъэхэр къэ­пIэтыжмэ, илъэс 500 ипэкIэ адыгэм щыгъа фащэр «Хатти»-р утыку къызэрихьауэ щытаращ. Ар тхыдэм къыхэтэджыкIыжа пэжщ икIи тщIэн хуей Iуэхущ. Гу лъытапхъэщ а ­фащэхэр едгъэдын ипэ къихуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэм-кIэ и ин­ститутым и лэжьакIуэхэм дызэречэнджэщам. Гугъу  къыддехьащ щIэныгъэлI Кхъуэжь Заурбэчрэ Лъэпкъ музейм и уна­фэщI Накуэ Феликсрэ. Абыхэм апхуэдизкIэ дзыхь яхузощIри, ахэр зыхэIэба, яубзыхуа Iуэхум зэи сытеIэзэщIыхьыжынукъым. Къи­щынэмыщIауэ, дыкъызыдэфэ макъамэхэри дызэмысат. Пасэ зэманым ди адэжьхэр къызыдэфэу щыта макъамэжьхэм дедэ­Iуэжри, дигу ирихьхэр къыхэтхащ, гупыр къы­щызэдгъэпэщам пшынауэ, макъамэтх Iэзэу къэунэхуа Иуан БетIал и къэухьым къызэ­ритIасэу ахэр тхуигъэзащIэри, утыку ды­къихьащ. Хуабжьу къыддэIэпыкъуащ накъырапщэ Увыж Анзори. Ди теплъэкIэ зэ­-пэщ дызыщIа, фащэ дахэхэмкIэ дызыхуэпа ХьэцIыкIу Мадинэ къытхуищIар щхьэхуэу узытепсэлъыхьын Iуэхущ. Ди гупым и «куп­щIэр» наIуэ къэзыщI, цIыхум ягъэщIагъуэ пэтми яхуэмыIуэтэж фащэхэр аращ зи Iэ­дакъэщIэкIыр. Мадинэ цIыхуфIщ, гумызагъэщ, набдзэгубдзаплъэщ, вэгъзэгъщ. Абы къыхэкIыу, удэлэжьэну, Iуэху дэпщIэну гупсэхугъуэщ. Ди гупыр къыщыунэхум чэнджэщэгъу схуэхъуащ Сэралъп Мадинэ. Гуп­сысэ, къару куэд къытхилъхьащ абы. И ­­цIэр къисIуэну сыхуейт усакIуэ, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаны­къуэ Заринэ. Абы уэрэд зыбжанэ тхуитхащ. Ма­къамэ Iэмэпсымэхэр къытхуищэхуат Алътуд Арсен. Зыми и нэIэ дыщIэмыту, улахуи къэ­д­мыхьу зыкъомрэ дыкъэгъуэгурыкIуащ. Ауэ лъэпкъым щхьэкIэ умыщIэн щыIэ! Ди щэнхабзэ дахэр дунейпсо утыкум итхьэмэ, абы насыпыфIэ дищIу, дыкъэфащ. 
- ИпэжыпIэкIэ, «Хатти»-р зэпымычу утыку итауэ пхужыIэнукъым, Казбек. ЩыIащ з­эман илъэс бжыгъэкIэ концерт щывмыта. Сыт ар къызыхэкIар? 
- Хамэ къэралхэми ди гъунэгъу щIыналъэ­хэми жыджэру зыкъыщыдгъэлъэгъуащ 2000 гъэхэм и пэм. Ауэ, узэрыпсэун, зэрызыбу­жьын ахъшэ уиIэн щхьэкIэ концерт птын ­хуейщ. Абы мылъку зэрытекIуэдэнуми ухуэ­хьэзыру щытыпхъэщ, гупышхуэ ухъуу гъуэгу ущытеувэкIэ. КIэщIу жыпIэмэ, Iуэху куэдым елъытащ зэпымычу утыку уитыныр. Дауэ ­мыхъуами, макъышхуэ ищIу утыку дыкъихьати, зэуэзэпсэу дыбзэхыжыну емыкIущ. Иджыпстуи зэрыхъум хуэдэу дыкъофэ, зыкъыдогъэлъагъуэ. ЩыщIэддзагъащIэм ­лъагапIэщIэхэм дыщIэхъуэпсырт… Ди къэфакIуэхэр я къару емыблэжу щIэлэжьар ­дыкъызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр ягъэкIуэтэн папщIэти, нобэ дэIэпыкъуэгъу ди­­мыIэми, тхузэфIэкIыр дощIэ. 
- «Хатти»-р къэфакIуэ гуп и закъуэ мы­хъуу, уэ­­рэджыIакIуэхэри фиIэщ. Бэч Азэмэт, Иуан БетIал, Хьэгъур Залым сымэ я цIэр щIэрыщIэу къэIуат япэу концерт щыфтам…
- Артист зэчиифIэхэмкIэ къулейщ ди гупыр. Сэ езым макъамэр зыпэсщIын щыIэкъым! Адыгэ уэрэдыжьхэр рок гъэзэщIэкIэм идгъэзагъэмэ дауэ хъуну пIэрэ жытIэри, дегуп­сысат щIэщыгъуэ хъун папщIэ. Ауэ, уэрэдхэм я «адыгагъэр» мыкIуэдын папщIэ, пшынэри, пхъэцIычри, шыкIэпшынэри, накъырэри хэдгъэхьащ. Щхьэщытхъур хьэлыфIкъым, ауэ хъар­зынэу къыдэхъулIауэ къызолъытэ. Пэжщ, щIэм занщIэу уесэркъым, зыми щы­мыщ гуэру къыщыпщыхъуи щыIэщ, ауэ, зэманым декIур лIыфIщ, жиIатэкъэ Къэзанокъуэм?! «Хатти»-мкIэ сэ згъэлъэгъуэну сызыхуеяр зыщ - адыгэ къафэр зы пIэ гуэ­рым инауэ зэритыр, абы къишын зэрыхуейр. Сыту жыпIэмэ, щэнхабзэр лъэпкъым и блэкIам и закъуэкъым зи фащэр. Абы лъэпкъым и нобэри къегъэлъагъуэ. Иужьрей илъэс 500-м къриубыдэу зызыхъуэжами ­гулъытэ иIэн хуейкъэ?! Мис аращ хьэтхэр къыщыунэхуами, иужьыIуэкIи гупсысэ нэхъыщхьэу диIар, армыхъумэ адыгэ щэнхабзэр зэблэIуэнтIыкIауэ утыкум къитхьэныркъым. 
- НобэкIэ сыт фи мурад, Казбек? Фы­ла­жьэрэ, фыкъафэрэ?
- Дигу илъщ концертышхуэ зэхэтшэну. Хуэм-хуэмурэ зыдогъэхьэзыр. 
- Тхьэм къыфхузэпищэ. Дыпоплъэ!
 
Нобэ хуэдэу сощIэж «Хатти» гупыр къа­фэу япэ дыдэ щыслъэгъуауэ щытар… Сэ езым къафэхэм мащIэ гуэр хэсщIыкIыу, ­КъБР-м и къэфакIуэ гуп зыбжанэм сыкъы­щыфэу щы­тати, адыгэ къафэм и пIалъэм сыщы­гъуазэт, и фащэр мыIейуэ сцIыхурт. Ауэ, алъандэрэ сызэса къэфэкIэмрэ фащэмрэ емыщхь, сыт и лъэныкъуэкIи щIэ­щыгъуэу ди щэнхабзэм екIуу, щабэу, дахэу къыхэпшэхъуа хьэтхэм удамыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэт. Ари гурыIуэгъуэт - е 17 - 18-нэ лIэщIыгъуэхэм къе­кIуэкIа зауэлI фащэхэмкIэ хуэпа, Iэщэ-лъащIэкIэ зэщIэузэда щауэ къуданхэр, пщы ­гуащэ щIыкIэу пщащэ пагафэхэр псым ес къыум хуэдэу утыку къыщихьэкIэ уигури уи псэри хэхъуэрт. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: