Зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр

КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и зэIущIэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ сабий зеин­шэ­хэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэкIэ къы­зэрызэрагъэпэщым. 

ЗэIущIэм хэтащ республикэм и хабзэубзыху Iуэху­щIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Салим, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, Жылагъуэ советым хэтхэр, депутатхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс жиIащ ­къаIэта Iуэхур къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр, ауэ щыхъу­кIи республикэм лэжьыгъэшхуэ зэрыще­кIуэкIыр. Абы жиIащ КъБР-м и Парламентми Правитель­ствэми зэпы­мыууэ а Iуэхум я нэIэ зэрытетыр. «Куэд щIакъым ди хабзэубзыху IуэхущIапIэм «Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ зэрадэIэпыкъум дэщIыгъун» щIыналъэ законым зэхъуэ­кIыныгъэхэр зэрыхилъхьэрэ. Къищы­нэ­мы­щIауэ, «Инфраструктура для жизни» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иткIэ цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэ щIыналъэм щокIуэкI. КъыдгуроIуэ сабий зеиншэхэр псэупIэ­кIэ къызэгъэпэщыным пылъ гугъуехьхэр илъэс куэд ­хъуауэ зэ­рызэтрихьар, абы къыхэкIыу дыщогугъ 2030 гъэм ирихьэлIэу а къалэным дыпэлъэщыну», - жиIащ ­Бечело- вым.
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэм зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемез. Абы жиIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэмытхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр щIы­налъэми къэралми я къалэн нэхъыщхьэхэм зэращы­-щыр. Ахэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным лъэныкъуищ­кIэ йолэжь: чэзум хэтхэм унэ хьэзыр къыхуащэхуу, унэщIэ яухуэхэм фэтэр къыщыхухагъэкIыу, ахъшэ ирату езыхэм къащэхужу. 
Министрым и къуэдзэм къыхигъэщащ ахэр гъэзэ­щIэ­ным гугъуехьхэри къызэрыхэкIыр, хабзэкIэ къэзылъахъэхэри зэрыщыIэр. «Псалъэм папщIэ, сабий зеиншэхэм псэупIэхэр къащыхуэтщэхукIэ, унэщIэ яухуэр зэрыхъу фэтэр бжыгъэм и процент 25-м нэхъыбэ къэтщтэну хабзэм хуит дищIыркъым. Абы, дызэреплъымкIэ, унэ зыщI­хэр тригъэгушхуэркъым сабий зеиншэхэм тегъэщIауэ лэжьэным, - жиIащ къэпсэлъам. - КъищынэмыщIауэ, унэ ящэхэр псори хуэкIуэркъым псэупIэ къызэрытщэхун хуей жыпхъэхэм. Псалъэм папщIэ, фэтэрыр зы пэшу метр ­зэбгъузэнатIэ 33-рэ мынэхъ мащIэу щытыпхъэщ. Иджыпсту ящI унэщIэхэм я инагъыр метр зэбгъузэнатIэ 40-42-м къыщыщIедзэ. Фэтэр нэхъ ин къэтщэхуу щIэддзэмэ, Iуэхум хухах ахъшэм къыщIэкIынур мащIэщ, чэзум хэтри нэхъыбэрэ абы пэплъэн хуей хъунущ. Мыдрейуэ, хьэзыру ящэ унэхэми, зэрыжысIауэ, гугъущ Iуэхум къыхуэкIуэн ­къахэбгъуэтыну. А псом лэжьыгъэр нэхъ кIыхьлIыхь ящI».
Мокаевым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм мы Iуэхур щыгъэзэщIэным илъэс къэс ику иту сом мелуан ­45-рэ федеральнэ ахъшэу щытрагъэкIуадэ. 
- 2025 гъэм УФ-м УхуэныгъэмкIэ и министерствэм сом мелуан 44-рэ къытхуиутIыпщащ. Фэтэр 22-рэ зэдгъэ­пэщмэ, лъэпкъ Iуэхур дгъэзэщIа зэрыхъур министерст­вэм къытхуегъэлъагъуэ, - пищащ къэпсэлъам. - АрщхьэкIэ ахъшэр зэрыримыкъум къыхэкIыу, щIыналъэм гъэ къэс абы дыщIегъуж. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ, щIыналъэм Iуэхум хухих ахъшэр зэпымыууэ нэхъыбэ зэрищI­ри. Къапщтэмэ, 2025 гъэм ар процент 69-кIэ нэхъыбащ нэ­гъабэрейм елъытауэ. Псори зэхэту жытIэмэ, дызэрыт илъэсым федеральнэ ахъшэуи щIыналъэ мылъкуи мы Iуэхум хухэтхащ сом мелуани 179-рэ. 2026 гъэм республикэ бюджетым сом мелуан 200 къыщылъытащ.
Мокаевым жиIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ ящыщу зи ныбжьыр илъэс 23-рэ хъуахэм 2024 гъэм щегъэжьауэ Iэмал зэрагъуэтар ахъшэ кърату езым унэ къащэхужыну. Мы зэманым чэзум хэтхэм ящыщу ар къагъэсэбэпыфынущ цIыху 660-м. Сертификатыр зэратми мардэ зыбжанэ иIэщ: унагъуэм щIэс къэс и хэ­хъуэр цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм нэхърэ мынэхъ мащIэу щытыпхъэщ. А Iэмалым зрагъэубгъун мурадкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьэри, депутатхэми даIыгъащ 2025 гъэм и жэпуэгъуэм щегъэжьауэ унэ къэзыщэхуну ахъшэкIэ зызыщIагъакъуэхэм зи ныбжьыр илъэс 18 хъуахэм я деж къыщыщIэдзауэ 22-м нэс хъухэри къызэщIиубыдэныр. «А Iэмалым дызэрыхуэкIуэ­рэ мазэ мыхъуами, ар къагъэсэбэпыну хуейуэ чэзум хэт цIыхуи 125-м я тхыгъэ къытIэрыхьащ, 103-м апхуэдэ тхылъ­хэр еттащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, дэIэпыкъуныгъэр къратыну зыкъэзыгъэлъэгъуам суд IуэхукIэ лъэпощхьэпо имыIэу, налогхэмкIэ щIыхуэ темылъу, фадэмрэ афиянымрэ димышэхауэ, жылагъуэм шынагъуэ димылъа­гъуу щытын зэрыхуейр», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Мокаевым къыхигъэщащ иужьрей илъэсищым къриубыдэу, мы гъэм япэу чэзум хэтхэм я бжыгъэр куэдкIэ ­нэхъ мащIэ зэрахуэщIар. Iуэхум хухаха ахъшэр проценти 100-кIэ ягъэзэщIащ. УФ-м УхуэныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм илъэсым и кIэм къапщытэж хабзэщ щIыналъэхэм сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрыщызэрагъэпэщыр. Абы и лъэныкъуэ­кIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъ пашэхэм ящыщщ. 2025 гъэм и пэм зи ныбжьыр илъэс 18 хъуауэ унэ къратыным пэплъэхэр цIыху 1249-рэ хъууэ щытащ. ЦIыху 15 унэкIэ къызэрагъэпэщащ, псэупIэ сертификату 51-рэ иратащ, абы щыщу 27-р ягъэзэщIащ. Илъэсым и кIэ пщIондэ цIыху 70 мынэхъ мащIэ унэкIэ къызэрагъэпэщыфыну ­мэгугъэ. Къэпсэлъам жиIащ 2026 гъэм чэзум хэтхэр цIыху миным кърагъэхыну зэрагугъэр. 
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ жиIащ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр япэ зэритыр зэрыгуапэр, а къалэныр ехъулIэу зэригъэзащIэм къыхэкIыуи КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм фIыщIэ зэрыхуищIыр. КъэкIуэну илъэсищым Iуэхур зытращIыхьым ар щыщIэупщIэм, Мокаев Ачемез жиIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэкIэ къызэрагъэпэщыным 2026 гъэм сом мелуан 200, 2027 гъэм - сом мелуан 250-рэ, 2028 гъэм - сом мелуан 300 зэрыхухахынур. 
Емуз Нинэ тепсэлъыхьащ зеиншэхэм щыщу зауэ къу­лыкъум пэрыту хэкIуадэхэм псэупIэ къратыну яIа хуитыныгъэр я унагъуэм, я быным къагъэсэбэпыфыным ­теухуауэ хабзэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьам (ипэIуэ­-кIэ апхуэдэ хэмытауэ), мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэм. 
ЗэIущIэм и кIэухым Бечелов Ильяс КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьыгъэм сыт щыгъуи хуэдэу арэзы укъызэрищIыр къыхигъэщри, дяпэкIи зэдэлэжьэну зэригуапэр дыщIигъуащ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: