УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, Урысейм ит щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и президиумым и кIэух зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьа къэрал проектхэмрэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ фIыуэ къыдэкIуахэр къыщапщытэжащ зэIущIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр лъэпкъ проектхэр нэхъыфIу щагъэзэщIа щIыналъипщIым язщ. Зи гугъу ящIа пIалъэм къриубыдэу республикэм школыщIэхэр къыщызэIуахащ, егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэр зэрахьащ, илъэс къакIуэ иджыри еджапIэ корпус 54-рэ зэIузэпэщ ящIынущ.
Бахъсэн, Гундэлэн, Старэ Шэрэдж къуажэхэм сабий IыгъыпIэхэр щаухуэн щIадзащ. Кэнжэ, Белэ Речкэ, Къубэ-Тэбэ, Светловодскэ, Красносельскэ, Дей, Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм амбулаторэщIэхэр къыщызэIуахащ. Бахъсэнёнкэ дэт библиотекэр зэрахьэн яухащ, Прохладнэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр зэIузэпэщ ящIын щIадзащ. IэщIагъэлIхэр йолэжь Налшык щаухуэ, Лышхыр зэфыкIхэр щагъэхъуж диспансерым, ар илъэс къакIуэ яухыну я мурадщ.
КъБР-м проектышхуэхэри щызэфIах. Апхуэдэхэм хеубыдэ Бахъсэн псыр зэбгрызыгъэкI бжьамийхэр зэрыщыщIалъхьэр, «Къарэ-Суу - Бабугент - Къэщкъэтау» псы зекIуапIэр зэраухуэр. Коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжын унафэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм псы ялъэзыгъэIэс объект 15 яутIыпщы- нущ.
«Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIын» проектымкIэ цIыху зекIуапIэрэ унэшхуэхэм къедза пщIантIэу 40 зыхуей хуагъэзащ. Зэрытыпхъэ мардэм хуагъэкIуащ гъуэгу 19, зэпрыкIыпIэ 42-рэ, автобус къэувыIэпIэ 71-рэ яухуащ. ПсэупIэ ухуэныгъэхэр, зрагъэхъулIэну я гугъам щIигъуу, процент 17,3-кIэ нэхъыбэ хъуащ. ЩIышылэ - щэкIуэгъуэ пIалъэм абы къызэщIиубыдащ метр зэбгъузэнатIэ мин 593-рэ.
«Марат Шакирзян и къуэм иджыри мурад куэд зэрыдиIэр къыхигъэщащ, - етх КIуэкIуэ Казбек. – КъыдэхъулIам я нэхъыщхьэщ цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуар».
Илъэс дызытехьэм лэжьыгъэхэм пащэнущ. Къалэн нэхъыщхьэхэм язщ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм къигъэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр щIэкIэ зэхъуэкIыныр, псэупIэхэм зегъэужьыныр, уэрамхэмрэ гъуэгухэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр, къалэхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэныр.