«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и I2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
№239-П-П
* * *
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 12-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №55-РЗ-м, I999 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru), мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 6-нэ Iыхьэм и япэ Iыхьэм хэт «аппаратыр» псалъэр «аппаратхэр» псалъэмкIэ зэхъуэкIын;
2) 7-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу къэхьын:
«7. ЗэзыгъэкIуж хеящIэм и лэжьыгъэр абы и аппаратым къызэрегъэпэщ. ЗэзыгъэкIуж хеящIэм и аппаратым и зэхэлъыкIэнумрэ ар цIыху бжыгъэу зэрыхъунумрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм егъэув, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХеящIэхэм я советыр щIыгъуу.
Мы Iыхьэм и япэ абзацым къыщыгъэлъэгъуа зэдэлэжьэкIэр къызэрагъэпэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и орган апхуэдэ хуитыныгъэ зиIэм зэзыгъэкIуж хеящIэм и аппаратым и зэхэлъыкIэнумрэ (е) ар цIыху бжыгъэу зэрыхъунумрэ гъэувыным теухуа унафэм и проектыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХеящIэхэм я советым яхуигъэхькIэрэ, я Iуэху еплъыкIэхэр (зэгъэзэхуэжын хуейуэ къалъытэхэр, жэрдэмхэр) абыхэм къыхалъхьэн папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм зыхуэфащэ унафэр къищтэным е ХеящIэхэм я советым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэм (зэгъэзэхуэжын хуейуэ къалъытэхэм, жэрдэмхэм) зыщагъэгъуэзэным махуипщI нэхърэ мынэхъ мащIэ иIэжу.
ЗэзыгъэкIуж хеящIэм и аппаратым и зэхэлъыкIэнур (е) ар цIыху бжыгъэу зэрыхъунур гъэувыным теухуа унафэр къащтэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХеящIэхэм я советым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр (зэгъэзэхуэжын хуейуэ къалъытэхэр, жэрдэмхэр) къаIэрыхьа нэужь, ауэ мы Iыхьэм и етIуанэ абзацым къыщыгъэлъэгъуа проектхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ХеящIэхэм я советым хуагъэхьа нэужь махуэ 30 нэхърэ мынэхъ кIасэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и орган апхуэдэ хуитыныгъэ зиIэм къещтэ зэзыгъэкIуж хеящIэм и аппаратым теухуа Положенэр».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№52-РЗ