УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Касютин Владимир Налшык щекIуэкIа «Инфорум» зэIущIэм къыщыпсэлъауэ щытащ. Газетхэр зэрымыкIуэдыжыр, уеблэмэ абыхэм электрон Iэмалхэм зэрапеуэн къару зэрабгъэдэлъыр къыхигъэщ зэпытщ абы.
Iуэхум зэрыхищIыкIыр белджылыуэ, журналистикэр зэрыт щытыкIэ гугъум къызэрикI щIыкIэри, нэхъыфIхэм хабжэхэм я лэжьэкIэми щыгъуазэ дищIат Касютиным. УпщIэ псори зэкIуэлIэжыр зы Iуэхугъуэт: интернет щыщыIэкIэ, «соцсеть» жыхуаIэ хъыбар зэIэпыхыпIэхэм къэхъуар асыхьэтым япхъуатэу здынэсыпхъэм щынахьэскIэ, сыт тхылъымпIэ газет щIытебдзэнур?
Нэхъыбэм а упщIэм пагъэтIылъыр зы жэуапщ: газетхэр унафэ зыIэщIэлъхэм я жыIэ щIэтщи, зыхуейр пхагъэкIын, ипэжыпIэкIи цIыхубэр ямыгъэщхьэрыуэн папщIэ, тхылъымпIэм тет прессэр зыIэщIагъэкIыркъым. Пэж гуэри хэлъынкIи мэхъу мы еплъыкIэм, ауэ, япэрауэ, иджы интернетым напэкIуэцI щызимыIэ газет щIагъуи щыIэжкъым, дзыхь нэхъ зыхуэщIыпхъэ хъыбархэри щагъэхьэзырыр редакцэхэрщ.
«Соцсетхэм зэрызаужьам щIыпIэ щхьэхуэхэм къыщыдэкI прессэр щIилъхьэжыну я гугъа щхьэкIэ, апхуэдэу къэхъуакъым, - щетх Касютиным езыр зи редактор нэхъыщхьэ «Журналистика и медиарынок» журналым. – ТхылъымпIэм тет хъыбарыр псынщIагъкIи къэIуэтэкIэ IэзагъкIи къащыкIэрыху къохъу, итIани, газетхэр зыгуэркIэ нэхъыфIщ «модэ щызэхэтхат», «мыбы къралъхьауэ дыкъеджат» жыхуаIэ хъыбар пытхъахуэхэм нэхърэ, сыту жыпIэмэ, жэуаплыныгъэ зыхэлъ журналистыр, Iуэхур зыIутыр зримыгъащIэу, Iэуэлъауэ гуэр къигъэхъун къудей щхьэкIэ, утыкум илъадэркъым».
Урысейм и щIыналъэхэм къыщыдэкI газет-журналхэм мылIэжыныпсэ яIутым хуэдэщ, - пещэ адэкIэ Касютиным. Мыхьэнэшхуэ мыбдежым нэхъ зиIэр редакцэм и лэжьакIуэхэу зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъухэрщ, улахуэр зэрыцIыкIуми къимыгъэувыIэу, мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ зэрызэфIагъэкIыр зыщIэжхэр.
ЩIыналъэ газетхэр зэрыпсэур гурыIуэгъуэщ. Ауэ сыт хуэдэ мылъку ахэр зыхэпсэукIыр? ИлъэсипщI блэкIам и кIуэцIкIэ уней прессэр кIуэдыж ныкъуэ хъуащ, хьэрычэт IуэхукIэ фейдэшхуэ къыпхуэзыщIхэм ящыщкъым печатыр. Абы хэлъхьэж редакцэхэм я лэжьыгъэр къызэрапщытэ мардэхэр кIуэтэху нэхъ къиин зэрыхъур.
Касютиным щапхъэ зыбжанэ къехь, Урысейм къыщыдэкI газет-журнал щхьэхуэхэм къызэрелын Iэмалу къагупсысахэм ятеухуауэ. Ауэ псори зэхэту къапщтэмэ, газетхэр къызэтебгъэнэныр Iуэху тыншу щытыр пэжкъым.
«Сэ зыхэсщIыкIым тепщIыхьмэ, къэралым щылажьэу щыта газет 2100-м ящыщу, зэхуащIыжар район газети 10 - 15 къудейщ, - пещэ секретарым. - АбыкIи пхуэгъэкъуэншэнур район унафэщIхэмрэ абыхэм ядекIуэкIыныр зэзымыгъэхъулIэфа редакторхэмрэщ».
Газет къэс езым и ахъшэ къэлэжьыкIэ Iэмал иIэжщ, Касютиным зэрыжиIэмкIэ. Ауэ псори нэхъыбэу зыщыгугъыр къэралым къарит мылъкурщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм тхылъымпIэм тету къыдэкI газетхэм сом мелуан 500-м нэс яхухегъэкI. Ар куэд хъуркъым, грант къэзыхьыфхэр мин 13-м зэрыщIимыгъум еплъытмэ.
Урысейм къыщыдэкI газет-журнал псоми ятелъ бэлыхь нэхъыщхьэр ар цIыхухэм зэраIэрагъэхьэн Iэмал тынш къазэрыхуэмыгъуэтырщ. Языныкъуэ къуажэхэм пощтхэр щылэжьэжыркъыми, газетхэр библиотекэхэм яхь. Абы щылажьэхэм газет зэбграхыну я къалэнкъым. Унафэ зыIэщIэлъхэр къадэмыIэпыкъуу щытмэ, редакцэ къэс езым и хэкIыпIэ къигъуэтыжын хуей мэхъу, цIыхухэм я тедзапщIэр хэмыкIуэдэн папщIэ.
Гу лъыптэу, газетхэм кIуэ пэтми соцсетхэм я увыпIэ щаубыд, ауэ езыхэм я инагъымрэ ахэр тезыдзэхэм я бжыгъэмрэ зэрыхэщIынур гурыIуэгъуэщ. ИтIани, тхылъымпIэм тету къыдэкI газетхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, абыхэм я лэжьыгъэр соцсетхэм зэфIагъэкIыфынукъым.
КъызэрывгурыIуащи, Касютиным и гупсысэхэмкIэ дыщIывдэгуашэр ар дэри ди гум къызэришхыдыкIырщ. ИтIани, Урысеишхуэм къыщыдэкI газетхэм зы яхэкIуэдыкIкIэ, урысыбзэр нэхъ лъэрымыхь хъунукъым. Дэ ди газетым и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу адыгэбзэм епхащи, ар зыIууэ лъэпощхьэпохэр зэрытлъагъур лъэпкъым и щыщIагъэущ.