Хьэгуарэ Джамилэ японыбзэкIэ «мэпсалъэ»![]()
Иджы хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ - «Монолог» тхылъым Токио щоджэ! Ар «Альфа-Бета» тхылъ тедзапIэм японыбзэкIэ къыщыдэкIащ маэстрэм и гуащIэм дихьэх зэдзэкIакIуэ Iэзэ Огавэ Кацунари и фIыгъэкIэ. Тхылъыр псом япэу а бзэм къызэрагъэтIэсар зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым - Японием куэдым ирепх Темыркъаныр, Токио и оркестрхэм, езым и гупым щIыгъуу абы щит концертхэм щегъэжьауэ ныбжьэгъу куэд зэрыщиIэм деж щыщIэкIыжу.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
| ||






Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр.