Узыншагъэр езыгъэфIакIуэ щIэныгъэ

«Хъуэмб» псалъэр махуэ къэс къэдгъэсэбэпхэм ящыщкъым. Псалъалъэм зэритымкIэ, ар биологием «клетка» жыхуиIэу, цIыху Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэт пкъыгъуэ цIыкIухэрщ. Нобэ я гугъу тщIынущ лышх узыфэм пэщIагъэувэну IэмалыщIэ е бгъэдыхьэкIэщIэ къызэIузыха щIэныгъэлIхэу Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зратахэм. 
     Брункой Мэри, Рамсделл Фред, Сакагучи Симон – а цIыхуищым иратащ зи гугъу тщIы саугъэтыр 2025 гъэм. Я ехъулIэныгъэр «Т-хъуэмб» жыхуаIэу ди Iэпкълъэпкъым и узыншагъэр зыхъумэхэр къызэрызэIуахарщ, «тимус» псалъэр ягъэкIэщIу. Иджыри зы псалъэщIэ къыщыдгъуэтащ псалъалъэм: «узмыщтэ». Апхуэдэу, къызэрывгурыIуащи, йоджэ «иммунитет» мыхьэнэмкIэ тцIыху, цIыхум уз къезымыгъэуалIэ къарум. Зи хъыбар етшэжьа Т-хъуэмбхэр мис а ди узмыщтэ къарум зауэлI папщIэу хэтщ. Абыхэм яхузэфIокI вирусхэри, бактерие къытхуэмыщхьэпэхэри, уеблэмэ лышх хъуэмбхэри зэтрашхыхьын. Нобель саугъэтыр зыхуагъэфэща лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, медицинэм къалэн къыхукъуэкIауэ, Т-хъуэмбхэм унафэ зэрыхуащIыфыну Iэмалхэм йолэжь. А Iуэхур здынэсам щыгъуазэ дещI биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАН-м хыхьэ молекулярнэ биологиемкIэ институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ Купраш Дмитрий. ЦIыхум узым зэрызыщихъумэ къарум, иммунитет хъужым, Т-хъуэмбхэм нэхърэ мыхьэнэ нэхъ зиIэ яхэткъым. Уз хьэлъэ гуэр къыщеуалIэм деж, абы щIыпэщIэмытыфынкIи хъунур Т-хъуэмбу иIэр зэрымащIэрщ. Уи Iэпкълъэпкъым хэт Т-хъуэмбхэр зэгуэр узыфэ щхьэхуэм пэлъэщамэ, а къарур илъэс пщIы бжыгъэкIэ Iэпкълъэпкъым къыхэнэфынущ, цIыхур а уз лIэужьыгъуэм щихъумэу, иммунитет хъужри аращ. Т-хъуэмбхэр Iэпкълъэпкъым и щIыбкIэ къыщебгъэрыкIуэ хъуэмб мыхъумыщIэхэми езым и кIуэцIкIэ къыхэхъукIхэми япэщIоувэф. 
    «Т-хъуэмбхэр зэбгъэщхьыфынур полицэхэрщ, - жеIэ Купраш Дмитрий. – Уи пкъым «щIэпхъаджащIэ» къыхэзэрыхьахэм япэщIэт зэпыт «узыншагъэхъумэщ» ахэр. Ауэ зэранщIакIуэм ебгъэрыкIуэ «полицэхэм» нэмыщI, абы хэт хабзэщ къебгъэрыкIуам ират жэуапыр егъэлеяуэ щымытыным кIэлъыплъ унафэщIхэри. Мис ахэм я пIэ итщ Т-хъуэмбхэм я лIэужьыгъуэ щхьэхуэу «Т-зэзыгъэзахуэ» зыфIащахэр. Ахэр иджыри къэс зэрыщыIэр ящIакъым, ахэр къызэрагъуэтарщ Нобель и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зи цIэ къитIуа цIыхуищым щIратар. Мыхэри Т-хъуэмбщ, абыхэми къацIыхуф вирус къэзыхь е лышх пкърытыфэ зраплъ хъуэмб сымаджэхэр. Ауэ абыхэм я къалэныр Iэпкълъэпкъым и зыхъумэжыкIэр щIагъэхуэбжьэнракъым, ар нэхъ тIасхъэ, щабэ ящIынырщ. 
     ЦIыху узыншэм и Iэпкълъэпкъым псори зэтеухуауэ щолажьэ, Дмитрий зэрыжиIэмкIэ. Зэран хуэхъуну гуэрым зэрызигъэхъейуэ, «лIыгъэ» зыхэлъ Т-хъуэмбхэр абы пэщIоувэ. Ауэ жэуапыр нэхъ щабэ щIын хуеймэ, ахэр изыгъэкIуэтыжыр Т- зэзыгъэзахуэхэрщ.  Иджы медицинэм и пщэдейрей махуэр зытеухуауэ щытынур сыт жыпIэмэ, мы дызытепсэлъыхьа Т- зэзыгъэзахуэхэм пхэнжу лэжьэн щIыщIадзэ щхьэусыгъуэхэр зэхагъэкIынырщ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ сымаджэр зымыгъэхъужыр абыхэм я лэжьыгъэр зэтезыху гуэр къазэрыхэзэрыхьырщ. Апхуэдэм деж Iэпкълъэпкъым и узмыщтэ къарум, иммунитетым езым зызэпэщIесэжри, цIыхур узыншэ хъужыфыркъым. 
    ЕтIуанэ бэлыхьу Т-зэзыгъэзахуэхэм япыщIар ахэр куэдыIуэ щыхъу къазэрыхуихуэрщ. Апхуэдэу мэхъу цIыхум лышх къыщеуалIэм деж. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, Т-хъуэмб къызэрыгуэкIхэмрэ Т-зэзыгъэзахуэхэмрэ бжыгъэкIэ зэрызэхущытым елъытащ цIыхур хъужынрэ мыхъужынрэ. КъызэрыгуэкI Т-хъуэмбхэр нэхъыбэмэ, хъужынущ. Т- зэзыгъэзахуэхэр нэхъыбэмэ, фIым ущыгугъыну гугъущ.  Къиину мы Iуэхум хэтыр Т- зэзыгъэзахуэхэмрэ къызэрыгуэкIхэмрэ зэрызэщхьырщ, абы къыхэкIыу, узыхуейхэр нэхъыбэ пхуэщIыркъым, цIыхум ущеIэзэм деж. Иджыпсту щIэныгъэлIхэр зэлэжьыр аращ: хъуэмбхэр къыхахыу, ахэр зыхуей лIэужьыгъуэм хуэдэ ящIу Iэпкълъэпкъым халъхьэжыфу зрагъасэмэ, уз бзаджэхэм ятекIуэным нэхъ пэгъунэгъу хъуауэ къыщIэкIынущ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: