ТекIуар акъыл къыхэзыхарщИндием щыIэ Болливуд къалэм щIэныгъэ зэдауэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ дыгъэгъазэм и 30-м. Абы щызэпэщIэуващ уэрэдус Ахтар Джаведрэ муслъымэн щIэныгъэлI щIалэ Нэдуий Шамаилрэ. «Зитэрэ Гитэрэ», «ЛъыщIэжымрэ хабзэмрэ» («Месть и закон») «Гувауэ япшыныжа щIыхуэ» («Затянувшаяся расплата»)… Зи зэманыгъуэр совет лъэхъэнэм хиубыдахэм, къуажэ клубхэм инд фильмхэм нэхърэ нэхъ удэзыхьэх къагъэлъагъуэу щыщымытам щыгъуэ, мы зи цIэ къитIуахэм я хъыбар зэхахагъэнщ. Урысеймрэ Индиемрэ нэхъри нэхъ зэфI хъуа иужь, ахэр телевиденэми къыщагъэлъэгъуэн щIадзауэ щытащ. АтIэ мис а теплъэгъуэ ехьэжьахэм макъамэ ящIэзылъхьа макъамэтхщ илъэс 27-рэ фIэкIа зи мыныбжь муслъымэн щIалэм Тхьэ щымыIэу и фIэщ ищIыну хуежьар. «ЗэпэщIэуващ» жытIэмэ, дэ къидгъэкIыркъым ахэр зэфIэнауэ е зэщыIеяуэ. Уеблэмэ а щIэныгъэ зэдауэр апхуэдизкIэ фэ тету екIуэкIащи, гупсысэкIэкIэ зэтемыхуэ цIыхухэр апхуэдэу зэпсэлъэфу щытамэ, зауи бани къэмыхъуейуэ, зым и фIым адрейр дэплъейуэ, мамыру зэдэпсэунт. Зэдауэр езыгъэкIуэкIыр зэпэщIэуваитIым я зэхуакум дэсу, щхьэж и телъхьэ зытIощIырыпщI я гупэмкIэ къису зэпсэлъахэщ къекIуэлIахэр. ТIури дакъикъэ блырыблкIэ тIэу игъэпсалъэри, итIанэ упщIэхэр зым адрейм ириту, къекIуэлIахэми зыхуей упщIэхэмкIэ зыкъыхуагъазэу, дахэу екIуэкIащ зэIущIэр. Гум нэхъ къинэжа пычыгъуэ зыбжанэм я гугъу тщIынщ. Ахтар Джавед жиIэрт: «Дунейм тет дин псоми щIэныгъэр, наукэр я бийщ. Апхуэдэу щымытмэ, сыт щхьэкIэ «фи фIэщ фщIы» жаIэрэ? Псалъэм папщIэ, зы тхылъ лъапIэ динозаврхэм ятепсэлъыхьыркъым». Абы жэуап щритым, Нэдуий Шамаил жиIащ: «Диныр щIэныгъэм и бийкъым. И бийуэ щытмэ, зыгуэр и дагъуэщ. Диныр зи бийр «саентизм» жыхуаIэращ: дунейм щекIуэкI псори щIэныгъэм и закъуэкIэ гурыIуэгъуэ пщIы хъуну къызыщыхъу бгъэдыхьэкIэрщ. Динозаврхэм я гугъу тщIымэ, псалъэм папщIэ, абыхэм математикэри ятепсэлъыхьыркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхылъ лъапIэхэм зи гугъу ящIыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэрщ. Абыхэм я къалэнкъым дунейм щызекIуэ псори зэпкърахыныр. Тхылъ лъапIэхэм я мыхьэнэр нэрымылъагъу дунейм и зэхэлъыкIэм щыгъуазэ уащIынымрэ цIыхухэм щэныфIагъ халъхьэнымрэщ». Тхьэр зи фIэщ мыхъухэм сытым дежи «нэр зэрыращIыр» дунейм гузэвэгъуэ зэрытетырщ. «Алыхь щыIэмэ, щхьэ, псалъэм папщIэ, Палестинэм мин бжыгъэкIэ муслъымэн сабийхэр щригъэукIрэ?» Шэч хэлът муслъымэн щIэныгъэлIым ар игу къызэреуэм, ауэ щыхъукIэ, атеистхэм жэуапыр зыхуашэр Алыхьыр Езыр зи фIэщ хъухэм къащхьэщымыж хуэдэу къыпщызыгъэхъупхъэ щапхъэрт. АрщхьэкIэ а упщIэ гугъуми жэуап иритыфащ щIалэм: «Израиль жыхуэфIэ къэралыр щыIэххэкъым, ар Палестинэм и щIыр зыубыда бийм и тIысыпIэу аращ. Сабийхэм лей къазэретехьэм и гугъу пщIымэ, Тхьэр ГущIэгъулы къудейкъым, Ар икIи Iущщ. Абы и IущыгъэмкIэ абдеж къыщыхъум и пэжыпIэр къызэщIиубыдэ щхьэкIэ, цIыхум илъагъу тIэкIумкIэ ар зэхэкIа хъунукъым. Хэт зыщIэр абдежым щыхэкIуадэхэм ягъуэтыну ахърэт гъащIэр зыхуэдэр? Мис мыбдежыр ди зэхэгъэкIыпIэщ. Тхьэр зи фIэщ мыхъухэм зигу къабзэ цIыхум ишэчыр пщIэншэу, мыхьэнэ имыIэу къыщохъу. Тхьэр зи фIэщ хъум ещIэ гъащIэ нэрымылъагъуи зэрыщыIэр, пэжым тетым и псапэмрэ гуэныхьымрэ къапщытэжмэ, ар фIым зэрыхуэкIуэнур». «Иджыпсту картэр къасщтэмэ, дин щызэрахьэ къэрал здэщыIэхэм дежщ зауэ нэхъыбэ щекIуэкIыр», - жиIэу Ахтар къыщыпсалъэм, Нэдуий жэуап иритыжащ: «Картэр къапщтэрэ уеплъмэ, дин щызэрамыхьэ къэралхэм цIыхубзхэм къащытехьэ лейм хуэдиз дин щызэрахьэхэм щыплъагъунукъым, процент бжыгъэкIэ зэбгъапщэмэ». Апхуэдэ защIэу, упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ зэжьэхэмыуэу екIуэкIащ щIэныгъэ зэдауэр. Абы и джэрпэджэжыр апхуэдизкIэ инти, ди дежи къыщIэсар арагъэнщ. «Мы щIалэмрэ сэрэ иджыпсту дыкIуэнурэ зэгъусэу шей дефэнущ», - жиIащ зэдауэм и кIэм Ахтар. АбыкIэ жиIэну зыхуейр щхьэж и Iуэху еплъыкIэм къытена щхьэкIэ, узэпсэлъэфу, уигу илъыр адрейм къыгурыбгъэIуэфу ущытын зэрыхуейрт. Сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкIа псалъэмакъыр кIыхьыIуэщ зэрыщыту къэпхьынкIэ, ауэ гъэщIэгъуэну абы къыдэкIуар сыт жыпIэмэ, Тхьэр зи фIэщ мыхъу уэрэдусыр зытетым къытенэжа пэтми, Iэдэб дахэ зыхэлъ, щIэныгъэ лъабжьэ быди зиIэ Нэдуий Шамаил и фIыгъэкIэ, цIыху мин бжыгъэхэм ислъам диныр къащтауэ, е иджыри къэс хуамыщIа гулъытэр хуагъэзауэ къыщIэкIащ. Уеблэмэ а Iуэхур апхуэдизкIэ гуащIэ хъуати, нэгъуэщI дин зезыхьэхэмрэ зезымыхьэххэхэмрэ игъэгужьейри, щIалэр ягъэпщкIун, абы утыкум къыщыщхьэщыжын хуей хъуауэ ягъэхъыбар. ЦIыху куэд и ужьым зэриувар, ислъамым зэрызратар щыжраIэм, Нэдуий Шамаил жиIащ: «ТекIуэныгъэу къэлъытапхъэр интернетым цIэрыIуэ ущыхъунракъым. Ди зэIущIэм къегъэлъагъуэ Индием кIуэ пэтми апхуэдэу утыкум ущызэдэуэныр хабзэ зэрыщыхъур, дэтхэнэ зыми и дуней тетыкIэр къигъэлъэгъуэфу, цIыхухэр зэрыщызэблэкIыфыр».
Поделиться:
Читать также:
19.02.2026 - 14:53 →
Губзыгъагъэм къару иIатэмэ
13.02.2026 - 15:31 →
ЗыгъэщIэгъуэнымрэ къызыфIэщIыжынымрэ
13.02.2026 - 13:27 →
ПыжаIыхьыж хуэдэми, зрагъэхъуэжурэ…
06.02.2026 - 14:15 →
Узыншагъэр езыгъэфIакIуэ щIэныгъэ
30.01.2026 - 10:55 →
Анэ губзыгъэм и гъэсэкIэр
| ||




