Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №7-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм ятеухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №I65-УГ-мкIэ къищтам, хэтхэм мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: Абыдэ Хь.М. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэр дэIыгъынымкIэ и центр» ЩIыналъэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэр дэIыгъынымкIэ и центрым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ); Жабелов А.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Хьэрычэт IэнатIэр дэIыгъынымкIэ и центр» ЩIыналъэ фондым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ); б) Ашэбокъуэ Т.М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «СадСервис» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»; в) Советым къыхэгъэкIыжын Дудар Хь.I. 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2026 гъэм щIышылэм и 28-м №9-УГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




