Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2006 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м къыдигъэкIа Указ №45-УП-м и 3-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2006 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м къыдигъэкIа Указ №45-УП-м и 3-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, ар мыпхуэдэу къэхьауэ:

«3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэм и лэжьакIуэхэм («Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъум хэмыхьэу къалъытэ IэнатIэхэм пэрытхэм улахуэ зэрырат щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа Указ №55-УП-м ипкъ иткIэ лэжьапщIэ зратхэм нэмыщI) я бжыгъэр (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэри яхэту) нэхъыбэ дыдэу 15 хъууэ гъэувын, мазэ улахуэу (зэрагъэгушхуэ ахъшэу) я къулыкъухэм ятещIыхьауэ сом мин 428,054-рэ яхухэхауэ, абы щыщу: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъум пэрыт 1-м (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и Президентым и деж зэпымыууэ щыIэр) мазэ улахуэу сом мин 97,340-рэ; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъуитIым хыхьэу 14-м я IэнатIэхэм елъытауэ мазэ улахуэу сом мин 330,714-рэ ятегуэшэн.».

2. Мы Указым къару егъуэт 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ,

2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м

№148-УГ

Поделиться: