Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УКАЗКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №54-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, апхуэдэу а советым и президиумым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №54-УГ-мкIэ къищтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: Абрэдж I.Хь. - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету) Быф А.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр; б) Балъкъыз А.Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур»; в) Къаздэхъу А.Б. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэ» цIыхухэм IэнатIэ езыт щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»; г) Къылъшыкъуэ А.И. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мыинымрэ курытымрэ я «ОПОРА» России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»; д) Кожухов К.В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)»; е) ЛIыжьыкъуэ Хь.Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Аруан муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)»; ж) ЩоджэнцIыкIу М.Л. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур»; з) Щхьэгъэпсо З.Л. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорыр (зэрызэгурыIуам тету)». 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2026 гъэм мазаем и 20-м №15-УГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




