СурэтыщIым и гурыгъузхэр![]() Дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI зэчиифIэ, цIыхубз телъыджэ, коммунисткэ Кало Фридэ и узыншагъэм сэкъатышхуэ иIа щхьэкIэ, зэ къыIуплъа цIыхухъур хьэщыкъ къыхуэхъурт. Фридэ и сурэтхэр музей нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм нобэ щахъумэ, щIэупщIэшхуи яIэщ. Сыт-тIэ Кало и хъыбарым гъэщIэгъуэну хэлъыр? Илъэс 18-м иту Фридэ аварэ шынагъуэ хэхуащ - ар зэрыса автобусыр трамвайм жьэхэуат. Пщащэм и тхымрэ и шхужьымрэ щIыпIэ зыбжанэм деж, и блэгумрэ дзажэхэмрэ къутат, и лъакъуэ ижьыр щIыпIэ 11-м щызэпиудат, и лъэтхьэмпэр игъэщэщат. А псом къищынэмыщIауэ, Фридэ гъущI кIапсэ зыбжанэ и ныбэм хыхьат. Дохутырхэм пщащэр кърагъэлъат, и къупщхьэ къутахэри зэпагъэувэжат, ауэ и Iэпкълъэпкъыр къеузу и гъащIэр ихьащ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Фридэ и Iэпкълъэпкъыр къеузыху, хуэмышэчыж узыр къыхэхъыжьэху сурэт ищIырт. Псэугъуэ къезымытаращ Фридэ зыгъэпсэуари, зэрыжаIэмкIэ. Нэхъ гуащIэу узыр къыщыхьэху, сурэтхэри нэхъ куу, нэхъ дахэ хъурт. Фридэ сымаджэщым зэман куэд щихьащ, операцэ 32-рэ ишэчащ, апщIондэху щылъу сурэт ищIыфын хуэдэу, Iэмэпсымэ къыхузэрагъэпэщри, творчествэр зэпимыгъэууэ лэжьащ. Кало "псэуну лIэрт". Коляскэм зэрисым хуэдэу вальс къэфэну яужь итт, и лъакъуэр зыдэлъ гипсым хьэндырабгъуэхэр трищIыхьырт. "Ажалым сыщодыхьэшх, дахагъэу къысхэнар стримыхын щхьэкIэ", - жиIэрт абы. 1944 гъэм щIидзэри, и гурыгъузхэр зригъэз "дневникыр" илъэсипщIкIэ итхащ абы. НапэкIуэцIи 170-м иригъэзэгъа гуфIэгъуэмрэ гуIэгъуэмрэ сурэткIэ гъэщIэрэщIэжауэ къагъуэтыжри, иужькIэ тхылъу къыдагъэкIащ икIи а тхылъым щIэупщIэшхуэ иIэу, дуней псом щызэбграхауэ щытащ. "Си гъащIэм аваритI слъэгъуащ: зыр - автобусыр трамвайм щыжьэхэуам, етIуанэр - Диего", - итхыжащ Фридэ. Диегор абы и щхьэгъусэрат. "Диего - щIэдзапIэщ, си бынщ, си ныбжьэгъущ, сурэтыщIщ, фIыуэ слъагъуращ, си щхьэгъусэщ, си анэщ, си адэщ, сэращ... Диего - дуней псощ". Фридэ щхьэкIэ зи гъащIэр зытыфыну хьэзыр щIалэ теплъафIэ къомым гу ялъитэххэтэкъым пщащэм, атIэ, езым нэхърэ илъэс 20-кIэ нэхъыжь, лIы Iув шынагъуэм телIэрт. Езы Диегэ апхуэдизкIэ щIасэ куэд иIэти, абыхэм я бжыгъэр езы дыдэм ищIэжыртэкъым. Фридэ псалъэ быдэ итат, Диегэ лъагъуныгъэ зыхуригъэщIу дэкIуэну, къуэ къыхуилъхуну. СурэтыщI набдзэIув шхужьыгуэм зэрыжиIам хуэдэуи, Диегэ фIыуэ къилъэгъуат, ишат, ауэ апхуэдизу зыщIэхъуэпса быныр хъуэпсапIэу къэнэжащ. Аварэм щыгъуэ Фридэ и кIуэцIым хэуа гъущI кIапсэхэр зэран къыхуэхъуауэ къыщIэкIри, сабийр ныбэ ихъуэу, мазэ бжыгъэ дэкIмэ кIуэдыжурэ цIыхубзым и щхьэр щIихьат. Кало а псом егупсысурэ къэгубжьрей хъуащ, зишхыхьыжырт. ЦIыхубзым и нэщхъыр зэхэлъу щхьэгъусэм щилъагъукIэ, тригъэуну, едэхэщIэну иужь имыту, нэгъуэщIым деж кIуэрт. И щхьэгъусэм и щIыб къыхуигъэзэхукIэ, Фридэ нэхъ хьэлыншэж хъурт: тутын, фадэ ефэрт, хъуанэрт. Ауэ... Зэпымычу сурэт ищIырт, кIуэ пэтми и узыншагъэр нэхъ хьэлъи хъурт. 1953 гъэм, Фридэ и япэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэм дэIэпыкъуэгъу псынщIэ машинэкIэ ирашэлIауэ щытащ, и сурэтхэр зыфIэлъ пэшым каталкэкIэ щIашащ. Иужьрей зэманхэм сурэтыщIыр хьэлъэ дыдэт, хущхъуэхэр сэбэп хъужыххэртэкъым, и лъакъуэ лъэныкъуэри пахат. Ауэ Кало зыри имылажьэм хуэдэу гуфIэрт, и щхьэц фIыцIэ Iувым удз гъэгъа Iэрамэ хэлът, и теплъэ дахэм къемызэгъыххэу тутын Iурылъу. Фридэ и тхьэмбылым щIыIэ хыхьэри, 1954 гъэм июлым и 13-м дунейм ехыжащ. Зэрыкъэралу къекIуэлIат сурэтыщI Iэзэр щыщIалъхьэм. Абы щыIат Мексикэм и президент Карденас Ласаро. Языныкъуэхэм Кало и сурэтхэр яфIэтелъыджэщ, яIэт, ягъэщIагъуэ. Языныкъуэхэми гущыкI хуаIэщ Фридэ и творчествэм. Ауэ а цIыхубзым лIыгъэ зэрыхэлъам, зэчий зэрыбгъэдэлъам, телъыджэу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
12.04.2026 - 13:24 →
«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»
30.03.2026 - 16:35 →
ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ
12.03.2026 - 15:44 →
Анэшхуэхэм я зэпеуэ
| ||






