Ираныр яхуэгъэшынэркъым

США-м Ираным ирищIылIа зауэм теухуащ хъыбарыщIэу мы махуэхэм зэхэтхыр. Тхыгъэр хьэзыр хъуху зызыхъуэж къэхъукъащIэхэм уалъэщIыхьэну Iэмал закъуи щыIэкъым, ауэ нэгум щIэкIымрэ зэхэтхымрэ ятепщIыхьмэ, зыдэщIыпхъэр лажьэ имыIэу лей зытехьэ иран цIыхубэрщ.

«Дэ ипэжыпIэкIэ цIыху мелуан 38-рэ зэтедукIащ, - етх США-м хыхьэ Чикагэ къалэм щылажьэ профессор Миршаймер Джон. - КъуэкIыпIэ Гъунэгъур дэ иужьрей илъэсхэм зыхэддза гузэвэгъуэм и инагъыр къэхутэгъуейщ. Иракым къыщыдгъэхъуам Венесуэлэм, Кубэм, Ираным щызетхьэхэр хэплъхьэжмэ, тщIэр гурыIуэгъуэщ: ди экономикэм и къару абрагъуэр цIыхухэр шхын щхьэкIэ зэтедгъэлIэн папщIэ къыдогъэщхьэпэ. А къэралхэм щыпсэухэр я унафэщIхэм япэщIэдгъэувэжыным дыщыгугъыу, апхуэдизыпсэм хьэзабрэ бэлыхьрэ ятыдолъхьэ. Аращ щытщIар Венесуэлэм, ардыдэрщ щытщIэр Ираным. А псом иужькIэ, сэ егъэлеяуэ къызохьэлъэкI США-м пщIэ зыхуэфащэ къэралкIэ седжэну».

Зауэр зыублахэм уакъыфIэкIмэ, абыхэм я Iэщэр я щIыналъэхэм къыщезыгъэгъэщхьэпэ хьэрып къэралыгъуэхэми я Iуэху зехьэкIэм укъегъэуIэбжь. Шэрыуэу псэлъэн зи хьэл, УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей зэрыжиIауэ: «Языныкъуэ хьэрып къэралхэм я унафэщIхэр Трамп нэхъ щошынэ, Алыхьым нэхърэ».

Урысейм и дамэгъухэр зэригъэпэжым и щыхьэтщ Ираным и тхьэмадэшхуэ Хаменеи Алий дунейм ехыжа нэужь, унафэр зыIэщIалъхьа абы и къуэ Хаменеи Моджтабэ ди къэралым гъэпщкIуауэ щагъэхъужу хъыбар щэху зэбгрыкIауэ зэрыщытар. ИужькIэ ар зэрымыпэжыр наIуэ хъуащ, итIани, Ираныр Урысейм фIыкIэ зэрыщыгугъым и нэщэнэщ ар. Хэт хъуну атIэ къэралым и тхьэмадэшхуэу ягъэува Хаменеи Моджтабэ? Ар зыхуэдэр уи нэгум къыщIэбгъэхьэну къыбдоIэпыкъу щIалэм унагъуэ зэриухуам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэныр.

Зэгуэрым Ираным и тхьэмадэшхуэ Хаменеи Алий къэрал къулыкъущIэхэр зэхуишэсат: парламентымрэ правительствэмрэ хэтхэр, министрхэр, къулыкъущIэхэр, къинэмыщI унафэщIхэр. «ЩIалэ факъырэ гуэр къыдэкIуэлIащ, щхьэгъусэ къилъыхъуэу. Пхъу зи ишэгъуэ зиIэ къыфхэт?» - щIэупщIащ тхьэмадэшхуэр, зэхуэсыр щаублэм. Псори щымыбзэ щыхъум, парламентым и спикер Гъулам Алий къэпсэлъащ: «Сэ си пхъур естынщ абы, ауэ щIалэр езыр сыт хуэдэу пIэрэ?»

«ЩIалэр ипэжыпIэкIэ факъырэщ, ауэ тхьэшынагъэ бгъэдэлъщ, хьэл-щэнкIэ зэпIэзэрытщ, сэ шэсыпIэ соувэ абыкIэ», - къыжриIащ Хаменеи. Гъулам Алий занщIэу пидзыжащ: «Сыарэзыщ си пхъур естыну». Арати, зи ужь ихьа Iуэхур нэхъ тыншу зэфIэха хъун пащIэ, «Фатихьэм» къеджахэщ. Ар зэраухыу, Гъулам Алий щIоупщIэ: «Хэтхэ ящыщ щIалэр?» «Си къуэ Моджтабэщ зи гугъу сщIыр», - жэуап къритыжащ тхьэмадэшхуэм. Абдежым щыму щыса къулыкъущIэ гупыр щIегъуэжауэ жаIэж, щIалэфIым малъхъэу зэрыхэкIыжам щхьэкIэ. Моджтабэ факъырэу щIыжиIами хъыбар иIэщ. Гъулам Алий арэзы хъуа нэужь, Хаменеи-нэхъыжьым зыкъиумысащ: «Ди къуэхэм унэ къахуэтщэхуну Iэмал диIэкъым. Ди мылъкур, тхылъхэр къэбгъанэмэ, зы машинэ закъуэм ихуэнущ. Унэ хьэху къэтщтауэ, зы къатым МустIэфа тесщ, Моджтабэ адрейм щопсэу. Уи хъыджэбзым гугъэ нэпцI имыщIын хуэдэу, къыгурыгъаIуэ». Гъулам Алий ипхъу, Моджтабэ и щхьэгъусэ Зэхраи тхьэмадэшхуэм и гъусэу хэкIуэдахэм ящыщщ.

Иджы зэрыжаIэжымкIэ, Хаменеи Алий зэраукIынур къыжраIа нэужь, зрагъэгъэпщкIуну елъэIуахэт. АрщхьэкIэ: «Зауэлхэм фыкъимыкIуэт яжесIэу, сэ дауэ зэрызызгъэпщкIунур?» - жиIэри яхуидакъым. Уеблэмэ и унагъуэм захуигъэзат, зыщахъумэжыфыну щIыпIэр яригъэлъагъуу. Ауэ абыхэми: «Дэ уэ уздэкIуэм дынэкIуэнущ», - жаIэри, ябгынакъым.

Зигу илъ лъэпкъышхуэр игъэкIуэтыгъуафIэкъым. Иджыри къэс гупсысэкIэ, Iуэху еплъыкIэкIэ Ираным едауэу щытахэри иджы абы и телъхьэщ, Америкэмрэ Израилымрэ я къару делэм апхуэдизкIэ ягу щыкIащи. Моджтабэ хэт уIэгъэ хьэлъэу, хэти мыпсэужу ягъэIу щхьэкIэ, Ираным хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Аракчи Аббас интервьюхэм я зым щыжиIащ ар зэрыузыншэр, и къалэным зэрыпэрытыр.

Дэтхэнэ зэманми, ар сыт хуэдизкIи ирегугъу, езым и лIыхъужь егъуэтыж. ЦIыху Iэсэлъасэу, зэпIэзэрыту, игъащIэкIи министрыфэ зумыплъыну Аракчи апхуэдизкIэ псэлъэкIэ екIу, жэуап тыкIэ гунэс далъагъури, американхэр нэгъунэ къыдихьэхащ. «Дэ американ цIыхубэм дапэщIэткъым. Ди бийр Израилым дэщI Америкэ тепщэгъуэрщ», - жеIэ зэпыт министрым.

ЯхуэукIыр яукIыу, «датекIуащ» жаIэу ежьэжыну зи гугъахэм иджыпстукIэ я лъэр Ормуз хыдэуапIэм дэнащ. Европэми Азиеми щызэбгрыкI щIыдагъэм и нэхъыбэр абдежырщ къызыдашыр. Иджы ар Ираным игъэбыдауэ, езым арэзы ищIахэр китай ахъшэкIэ еутIыпщ. ЩIыдагъэми, гъуэзми, гъэсыныпхъэ псоми я уасэр дэуеяуэ, Ираным махуэ къэс ахъшэшхуэ къелэжь. Америкэм зауэр иухыну Iэмал къыхуэулъэпхъэщыжыртэкъыми, Ираным ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и совет нэхъыщхьэм и унафэщI Лариджани Алий ирагъэукIащ. И къэралыр Ираным зэрытеуар и гум хутемыгъахуэу, США-м и президентым дэлажьэ гупым яфIыхэкIыжа Кент Джо зэрыжиIэмкIэ, Лариджани щIаукIар Iуэхур мамырыгъэм хуигъэкIуэным щIэбэнти аращ, Израилым къилъыхъуэр зауэрэ щIыщIэрэщ.

Зауэр къыщыхъея мазаем и 28-м Минаб къалэм сабии 187-рэ е нэхъыбэ щыхэкIуэдауэ щытащ. «Зы псэ илъ дымыщIэжауэ къэдгъэнэнукъым» жызыIа иран зауэлIхэм а гузэвэгъуэр зи Iэ къикIа журт сэлэтхэм я телефони, я сурэти, я хэщIапIи зрагъэгъуэтауэ, яхуэфащэр иращIэжыну загъэхьэзыр. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум зи тепщэгъуэр щызыгъэбыдэну еIэ Израилырщ зауэм фейдэ хэзыхыр, ауэ зэрыIэбэр Америкэм и IэкIэщ. И цIэр лIэху кърамыIуэжыну къэзылэжьа Трамп Дональд Израилым и тIасхъэщIэххэм хуабзыщI мыхъумыщIагъэхэмкIэ къагъэшурэ, я Iэпхъуамбэ зэхуакум щагъэджэгу. Хуэфащэ дыдэу «лъыиф» зыфIаща Нетаньяху псоми яукIами ящIэркъым.

Ираныр къызэрытфIэщIым хуэдэу тпэжыжьэкъым адыгэхэм. Iуэхур апхуэдэу ирихьэлIауэ, мы гъэм илъэси 180-рэ ирокъу дунеяплъэ Олеарий Iэдэм «Урысеймрэ Персиемрэ сызэрыщыIар» зыфIища и тхылъыр урысыбзэкIэ къызэрыдэкIрэ. А зекIуэм нэмыцэ тхакIуэм урыс пащтыхьым и къулыкъущIэ Черкасский Муцал щызригъэцIыхуат, Урысейм гухьа Тэрки къалэ цIыкIум щыIэ и унэми ирагъэблэгъауэ щытащ. Олеарий и тхылъым щытопсэлъыхь Муцал и анэ Жылэгуащи, абы и къуэхэми, адыгэхэм я псэукIэ-гъэхьэщIэкIэми. Нэмыцэ хьэщIэхэр ирихьэлIауэ къыщIэкIащ Муцал и шыпхъу, Сунчэлейрэ Жылэгуащэрэ япхъу Увжытэ Персием и шах Аббас Езанэм и къуэрылъху Сефи къыщылъыхъуа пIалъэм. «НысащIэ цIыкIур зыщIыпIи щыплъагъуртэкъым, зэзэмызэ Iуах пэшыбжэм ар зыгъэщIэращIэ хъыджэбзхэр къыщIэплъ фIэкIа...» - дыкъыщоджэ Олеарий и гукъэкIыжхэм. Ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщи, щхьэхуэу дытепсэлъыхьынщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: