Нэхъыбэрэ зекIуэнущ, мылъкури зрагъэзэхуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Пра­вительс­твэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

ЗэIущIэр теухуат «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэп­къ проектымрэ «Ухуэныгъэ» къэ­рал программэмрэ гъэ­зэщIа зэ­рыхъу щIыкIэм. ­Къи­нэ-­ мыщIауэ, мазищым ­къ­ри­у- быдэу яухуэну зыхунэса псэу­пIэхэм тепсэлъыхьащ, щIы­налъэхэм щIымрэ псэу­пIэхэмрэ щаIэ уасэхэм зэрызихъуэжыпхъэ мардэхэм (капитализацэ) я гугъу ящIащ. Унэхэр гъэ­хуэ­бэ­ным, ахэр псыкIэ къы­зэ­гъэ­пэщыным, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIыналъэ къэс щыхуагъэув уасэ­хэм, инвестицэхэр къызэрагъэ­щ­хьэ­пэм, нэгъуэщI Iуэ­ху­гъуэхэм теп­сэлъыхьащ. 
 Капитализацэр къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ­жьы­гъэшхуэ щокIуэкI псэу­пIэхэр къанэ щымыIэу къыхэтхыкIыным, кадастр лэжьыгъэхэр зэфIэхыным, унэхэмрэ щIымрэ зейхэр зэхэгъэкIыным, абыхэм ящыщу къэралым хуэ­лэжьэфынухэр убзыхуным, дэтхэнэ зы псэупIэми епха хуитыныгъэхэр наIуэ къэщIыным, псори «ЩIыпIэм епха лъэпкъ системэм и щытыкIэр» зи фIэщыгъэ, бжыгъэр зи тегъэщIапIэ хэщIапIэм щы­зэ­хуэхьэсыным теухуауэ. 
«Коммунальнэ инфраст­рукту­рэр къэгъэщIэрэщIэжын» къэрал проектым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм объект 12-м епха ухуэныгъэ Iуэхухэр, дэтхэнэ зыми псы ешэлIэн-къыщIэшын лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIыну я мурадщ. «Головной» псы къы­щIэшыпIэмрэ ар зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэмрэ зыхуей хуа­гъэзэн щIадзакIэщ, а Iуэхум къэрал бюджетым къыхэ­кIыу сом мелард 1,8-рэ къыхуау- ­тIы­п­щащ. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм и кIэм нагъэсыну я гугъэщ. 
Къуажэхэм зегъэужьыным хуэгъэпса программэм ипкъ иткIэ, «Къарэ-Суу – Бабугент - Къэщкъэтау» псы зекIуапIэм йолэжь. Бахъсэндэсхэм псы ­къабзэ яхуэзыутIыпщ бжьамий гупыр зыхуей хуагъазэ. Къы­зэщIэубыдауэ къапщтэмэ, жы­лагъуэр псыкIэ къызэгъэ­пэщы­ным хуэгъэпса Iэмэпсымэхэр щIэкIэ зэрахъуэжым и фIыгъэкIэ, ахэр нэхъыбэрэ зекIуэнущ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ яIэрыхьэнущ, псым елэжь IуэхущIапIэхэм я мылъкур нэхъ ярикъунущ.

Поделиться: