«Еууей, сыту нэхъыщIэхэр къыттекIуа! – жиIэурэ, тхыгъэ гуэрым и лъабжьэм зыгуэр щытхьэусыхэрт зымахуэ. – Сыгуащэщ жыпIэуи ядэжыркъым иджырей нысэхэм, адыгэ пщIэ-нэмысыр кIуэдыжауэ жыпIэ хъунущ».
Пэжу пIэрэ мы цIыхубзым жиIэр? Хьэмэ щапхъэ дахэ къэзыгъэлъагъуэхэм нэм зыкъыщIамыIуу ара? Е дэ езыр ди щхьэм дыблъэмыплъыфрэ? Шэч зыхэмылъращи, сыт хуэдэ зэмани щыIащ, иджыри щыIэщ фIым укъыхуезыджэ ущиякIуэ Iущхэр, абыхэм зи гугъу ящI хьэлыфIхэр зыдэплъагъу цIыхухэри кIуэдыжакъым. Ауэ цIыхум и ныбжьыр зэрыхэкIуэта къудейм ар, дауи, узыдэплъеипхъэ «нэхъыжь» ищIыркъым. Нэхъыбэ зэрыпщIэми нэхъыщIагъым и къалэнхэр пщхьэщихыркъым.
Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и щIэблэм щыщ щIэныгъэлI Эрол Мухьэмэд Сакъий 2009 гъэм «Ислъамыр зи тегъэщIапIэ унагъуэ насып» и цIэу тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ. Муслъымэн унагъуэм ис дэтхэнэ зыми къытехуэ къалэнхэм щытопсэлъыхь абы щIэныгъэлIыр. Псалъэм папщIэ, гуащэмрэ нысэмрэ зэрызэхущытыпхъэм.
Ислъамым и еплъыкIэмкIэ, нысэр гуащэм пхъу хуэхъуу аращ, езыри ар къэзылъхуа и анэ дыдэм и пIэ йоувэ. УнагъуэщIэ зыухуахэм я къэкIуэнур апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм зэрызрагъэсэфым куэдкIэ елъытащ.
Гуащэр укъэзылъхуа анэм и пIэ зэриувэм хуэдэу, тхьэмадэри адэ етIуанэ пхуэхъуу аращ. Алыхьталэм и унафэхэм язщ: «Адэмрэ анэмрэ е а тIум я зыр жьыхуегъэзэкI хъуамэ, абыхэм «Уф» яжумыIэ» (17:23).
Уи щхьэгъусэм и адэ-анэм уащыдэIэпыкъукIэ, абыхэм яхуэщIапхъэр щахуэпщIэкIэ, ахэр ебудэкI хъунукъым. Алыхьым и фIыгъуэм ущыгугъыурэщ сытри яхуэпщIэн зэрыхуейр, апхуэдэ гуапагъэм Ар зэрыхуэфэщэну къыпэджэжынущ.
Нысэр уи къуэр къыптезых ныкъуэкъуэгъуу, жагъуэгъуу къыщIэплъытэни щыIэкъым. Нысэр псом япэ къуэм и гъащIэ гъусэу аращ, абы и ныбжьэгъущ, и дэIэпыкъуэгъущ. Ар унэIуту къыщIэплъытэн щыIэкъым, узэреджэу къыщIэпхъуэрэ къажэу, уи унафэр щIэлъэту игъэзэщIэн хуейуэ. Дауи, нысэр зэрыхузэфIэкIкIэ ядэIэпыкъун хуейщ и щхьэгъусэм и адэ-анэм, абыхэм я лъэIухэр игъэзэщIапхъэщ, зэрыпсапэм къыхэкIыу. Ауэ зыри хуиткъым жэщ-махуэ сыхьэт 24-м ар и лIым и адэ-анэм къабгъэдэмыкIыу, абыхэм ягу къыпылъадэ псори игъэзащIэу ябгъэдэсыныр пиубыдыну. Iэмалыншагъэ гуэр щымыIэмэ, нысэм ахэр хуэбукъуэдий хъунукъым.
Диным къигъэув къалэнхэм къадэкIуэу, цIыхубзми иIэщ и лIым и пащхьэм щихь къалэн пыухыкIахэр. И щхьэгъусэм деж къыщытехуэ къалэнхэм нэхърэ нэхъапэрэ жэуаплыныгъэ нэхъ зыпылърэ цIыхубзым иIэкъым. Языныкъуэ къэралхэм нысэм и тхьэмадэр къилъэгъуа нэужь, абы пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэу зигъэшыну, макъ щэхукIэ псэлъэн хуейуэ хуагъэув. Ар ди диным и унафэкъым, щIыналъэ хэхам щызекIуэ хабзэу аркъудейщ. Дауи, нэхъыжьхэр, щIэныгъэлIхэр щыщытым деж, уи макъыр думышеймэ нэхъыфIщ. ЗэпIэзэрыту, макъ ешэхакIэ упсалъэмэ, нэхъ екIущ. Псори зэлъытар уздэщыIэмрэ узэпсалъэмрэщ, армыхъумэ зыщIепшэхыни уи бгыр егъэлеяуэ щIэбгъэшыни щыIэкъым.
Ди жагъуищэ зэрыхъущи, ди зэманым зэпсэлъэкIэ хабзэми зэдекIуэкIыкIэ нэмысми цIыхухэр елIалIэркъым. Нэхъыжьхэм уи ныбжьэгъухэм ещхьу, узыкIэлъымыплъыжу уабгъэдэтыну, хуиту уутIыпщауэ, удыхьэшхыу, унэжэгужэу закъебгъэлъагъуну екIуркъым. Ахэр техуэркъым ди диным къигъэувхэм, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ зэхущытыкIэм уи зэхуакум дэлъыпхъэ пщIэ-нэмысымрэ лъагъуныгъэмрэ докIуэд. ИкIэм-икIэжым, Iуэхур нэхъеижым хуокIуэри, нэхъыщIэхэм нэхъыжьхэм пщIэ хуамыщIу, зэгурымыIуэхэу, зэдемыкIуэкIыжыфу мэхъу.
Муслъымэн цIыхубзхэми цIыхухъухэми ялъэкI къагъэнэн хуейкъым я адэ-анэм фIыуэ зыкърагъэлъагъун папщIэ. Абыхэм зэрызыхуэгъэзапхъэр «си анэ IэфI», «си адэ лъапIэ» псалъэхэмкIэщ. Нэхъыжьхэм уащепсалъэкIэ икъукIэ усакъыу, щабэу, къыплъысыр пщIэжу ущытын хуейщ. Абыхэм уабгъэдэту, узэкIуэцIылъэлъу ущIэдыхьэшхын щыIэкъым. МащIэу упыгуфIыкI е щэхуу упыдыхьэшхыкI хъунущ. Хуабжьу удыхьэшхыныр армырми щыдахэкъым зыщIыпIи. Нэхъыжьхэм уащыбгъэдэтым деж, емыкIум ухуэсакъыпхъэщ. Ущылъу е зибгъэщIеикIауэ ущыс хъунукъым, абыхэм укъалъагъуу. КIуэ, и узыншагъэкIэ цIыхум зыгуэрым зытригъэщIэн хуей хъумэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ, емыкIуи хэлъкъым. А псори зэдекIуэкIыкIэ дахэм и щапхъэщ, ди гъэсэныгъэр здынэсыр къигъэлъагъуэу.
Унагъуэм щыщхэм щIэх-щIэхыу зым адрейм тыгъэ хуащIын хуейщ, сыту жыпIэмэ, абы фIыуэ узэхущытыным, Iыхьлыгъэр нэхъ быдэ пщIыным ухуеунэтI. Тыгъэ зыщI дэтхэнэ зы цIыхуми занщIэу зыхещIэ абы фIыгъуэу къыдэкIуэр зыхуэдизыр.
Iуэху дахэ дыдэхэм ящыщ зэIыхьлыхэр зыр адрейм тхьэ хуелъэIуныр. Алыхьталэм и пащхьэм щиувэкIэ, и Iэхэр къиIэту, мыпхуэдэу къиIущэщмэ: «Алыхьу ди Тхьэ! Къыхуэгъэгъу мыпхуэдэ уи пщылIым и гуэныхьхэр, абы Уи фIыгъуэр къыбгъэдэлъхьи, Жэнэт хадэр зылъысынухэм ящыщ щIы!» Апхуэдэ тхьэлъэIухэм я фIыгъэкIэ цIыхум хууиIэ гужьгъэжьри гукъанэри мэткIури, абы зыми пхухуэмыгъэдэн гупсэхугъуэрэ гурыщIэ IэфIрэ къохъуэ.
Алыхьым папщIэ цIыхухэм гугъу захуебгъэхьыныр, тхьэлъэIу яхуэпIэтыныр бегъымбархэм я хьэлу къокIуэкI. Дэтхэнэ зы муслъымэнми хэлъыпхэщ абы и Iыхьэ гуэр. Щхьэж и Iиманыр здынэсыр къыхуэпщытэнущ апхуэдэ гурыщIэу зыхищIэм елъытауэ.