Республикэм и Iэтащхьэр яхуогузавэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм и ветеран Хочуев Магомед и Iыхьлыхэм яхуэгузэващ ар дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
«Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей гъуэгуанэ трегъэувэж Хочуев Магомед Бэчмырзэ и къуэр – дунейм ехыжащ пщIэ зыхуэтщI ди нэхъыжьыфIыр, Хэку зауэшхуэм и ветераныр, Шэджэм щIыналъэм пщIэ зиIэ и цIыхур.
Хочуев Магомед и гъащIэр Хэкум къэмылэнджэжу къулыкъу хуэщIэным и щапхъэ нэсщ. Абы къикIуащ щIыхь зыпылъ гъуэгуанэшхуэ, ар Ищхъэрэ-КъухьэпIэ, Курыт, Карелие фронтхэм щызэуащ. И ныбжьэгъухэм я гъусэу зэтащ зауэм и кIуэкIэр зыхъуэжа зэпэщIэтыныгъэ нэхъ ткIийхэм ящыщу Курскэ дугам деж щекIуэкIам. Дзэ Плъыхьым хэту нэсаш Норвегием и псы Iуфэхэм.
Хочуев Магомед къыхуагъэфэщащ ЩIыхь орденым и III нагъыщэр, Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, «Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьам папщIэ», «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалхэр. А дамыгъэхэр я Iыхьэ мащIэ дыдэу аращ абы Хэкур хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэм папщIэ игъуэта къэрал гулъытэм щыщу.
Зауэ нэужьым Магомед Бэчмырзэ и къуэр, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным и гъащIэр триухуэри, и къару емыблэжу лэжьащ, щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, унафэщI къулыкъухэм пэрытащ. И унагъуэм, Яныкъуей къуажэм, къигъэзэжа нэужь, щалъхуа Шэджэм щIыналъэм щыпсэухэм яхуэщхьэпэн IуэхуфI куэд дыдэ зэфIигъэкIащ.
Хочуев Магомед и фэеплъ нэхур, абы и лIыхъужьыгъэмрэ Iущыгъэмрэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ. Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу сахуогузавэ Магомед Бэчмырзэ и къуэм и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ. Ахърэт нэху Тхьэм кърит», - щыжеIэ республикэм и Iэтащхьэм и тхыгъэм.

Поделиться: