Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №139-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

         Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, «2026 гъэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №139-УГ-мкIэ къищтахэм, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Налшык къалэ округым дзэм езыджэ и комиссэ нэхъыщхьэм и гупым:

хэгъэхьэн Ащхъуэт А.М. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (комиссэм и унафэщIщ);

къыхэгъэкIыжын Ахъуэхъу Т.Б.;

б) Бахъсэн къалэ округым дзэм езыджэ и комиссэм и резерв гупым:

хэгъэхьэн Ует З.А. - Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и «Бахъсэн» IэнатIэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр;

къыхэгъэкIыжын Лу Р.М.;

в) Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм дзэм езыджэ и комиссэм и резерв гупым:

хэгъэхьэн Ует З.А. - Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и «Бахъсэн» IэнатIэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр;

къыхэгъэкIыжын Лу Р.М.;

г) Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм дзэм езыджэ и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:

хэгъэхьэн Елмэс А.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ);

къыхэгъэкIыжын КIэмыргуей Т.Хь.;

д) Абрэдж I.Хь. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: «Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ (комиссэм и унафэщIщ)».

2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ

КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м

52-УГ

 

Поделиться: