Налшык и скульптурэ телъыджэри хохьэ![]() Гъуэгу тетхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэмрэ я Туту.ру сервисым ирегъэкIуэкI къэралым и фэеплъ, скульптурэ нэхъ телъыджэхэр къэгъэлъэгъуэным теухуа «скульпТУТУры» зэпеуэм и ебгъуанэ Iыхьэр. IыхьипщIу зэхэт зэхьэзэхуэм дэтхэнэми фэеплърэ скульптурэу 10 щагъэлъагъуэ. Зэпеуэм и IэIэтым цIыху мини 155-м щIигъу хэтащ икIи абы фэеплърэ скульптурэу 8 къыщыхахакIэщ. Ебгъуанэ Iыхьэм я зэфIэкI щеплъыжыну зэхьэзэхуэм хыхьащ Краснодар крайр («Конь в пальто» - Сочэ къалэ, «Кошелёк» - Краснодар къалэ), Къэбэрдей-Балъкъэрыр («Вагъуэхэм я мывэ» - Налшык къалэ), Адыгейр («Туфелька Золушки» - Мейкъуапэ къалэ), Къэрэшей-Шэрджэсыр («Медведица и медвежёнок» - Архъыз Ищхъэрэ къуажэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланиер («Мальчик с камерой» - Владикавказ къалэ), Ингушетиер («Анэм и фэеплъ» - Магас къалэ), Дагъыстэныр («Скульптура аула из пня» - Мэхъэчкъалэ), Къалмыкъыр («Золотая Корона «Йорял» - Элиста къалэ), Шэшэныр («Грозный - центр мира» - Грознэ къалэ).
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
| ||





