Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек кIуащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и Къэрал автоинспекцэм и щIыналъэ управленэм. УнафэщIыр абы и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъумкIэ. Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ управленэм и егъэджэныгъэ-материальнэ лъабжьэм, техникэ и лъэныкъуэкIэ къызэрызэгъэпэщам. Къэрал автоинспекцэр МВД-м и IэнатIэхэм ящыщу цIыху нэхъыбэ щылажьэхэм икIи нэхъ шэщIауэ зи къалэнхэр зыгъэзащIэхэм ящыщщ. Плъыр къулыкъухэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр я пщэ дэлъщ республикэм и гъуэгухэм хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. Къэрал автоинспекцэм и къалэн нэхъыщхьэу щытащ икIи къонэж цIыхухэм я гъащIэр къэхъукъащIэ шынагъуэхэм щыхъумэныр. КIуэкIуэ Казбек лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну, узыншагъэ быдэ яIэну, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ я лэжьыгъэ гугъум лIыхъужьыгъэ, зэпIэзэрытагъ къыщагъэлъэгъуэну.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




