ЛIыгъэр лIэныгъэм токIуэ

Гъэмахуэр къэсамэ, зыгъэпсэхугъуэм и чэзум зэригъэгушхуэм нэмыщI, балигъыу сыт щыгъуи зыкъызыщыхъуж сабийхэр псыежэххэм, бгыщхьэхэм, мэзхэм къыщохутэри, уатеплъэкъукI хъуркъым. Махуэ щIагъуэ къанэркъым ныбжьыщIэ гуэр кIуэдауэ къалъыхъуэж жаIэу хъыбар зэхэдмыхыу.

Ингуш Республикэм мэкъуауэгъуэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм и хъыбарыр Кавказым и гъунапкъэми къыщыувыIакъым. Мин бжыгъэкIэ Къэрэбулак и Iэгъуэблагъэм щызэхуэсахэм къалъыхъуэрт Сунжэ псыежэхым щIилъэфа Дербичев Хъызыр.

ЩIалэ цIыкIур илъэси 8 щрикъуа мэкъуауэгъуэм и 20-м ар иджыри къагъуэтыжатэкъым. Гузэвэгъуэр къыщыхъуа махуэм зи анэр школым медсестрауэ щылажьэ Хъызыр и къуэш нэхъыщIэм къыбгъэданат. Зыгъэпсэхугъуэм и Iуэхур гурыIуэгъуэкъэ? ЩIалэ цIыкIуищ зэрыгъэIущри, Сунжэ псыежэхым и Iуфэм щыджэгуну кIуахэщ. Iэдэм псым щыхэхуэм, Мухьэмэд: «ЛIыхэм дыкъевгъаджэ» - жиIащ. «Дэ дылIкъэ? Дэ къыхэтхыж сыт щIэмыхъунур?» - пидзыжри, илъэси 7 фIэкIа мыхъуа лIы хъупхъэр псым хэлъащ. Къудамэ гуэрым епхъуа Iэдэм Мухьэмэд къиша балигъхэм къыхахыжыну хунэса щхьэкIэ, езы Хъызыр Сунжэ и къарур къытекIуащ.

Псым итхьэла сабийр къагъуэтыжри щIалъхьэжащ. Ауэ Хъызыр къалъыхъуэху, Къэрэбулак и Iэгъуэблагъэм щызэхуэса къомым уримыгушхуэнкIэ Iэмал имыIэу, Кавказ гъэсэныгъэмрэ зэкъуэувэкIэмрэ я къарур къагъэщIэрэщIэжащ.

- Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ткIэроху щIалэгъуалэр, абыхэм ящыщ гуэрхэр псым зэритхьэлэри щэхукъым. Ауэ илъэсий фIэкIа мыхъуа сабийм зэры-Кавказу щызэригъэуIуа зэи къэхъуакъым, - жиIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и муфтий Гацалов Хьэжмурат, Хъызыр цIыкIу и адэшхуэм бгъэдыхьауэ щыхуэгузавэм. - Сыт апхуэдэу Алыхьталэм къыщIигъэхъункIи хъунур, жысIэу сыщегупсысым, жэуапу къэзгъуэтар зыщ: мы Iуэхум Алыхь Iэмыр хэлъщ. Ар нэщэнэу къыдитауэ аращ, Кавказым щыщхэр дызэрызэхущытыпхъэм теухуауэ.

Гугъу къадехьа псоми фIыщIэгуапэкIэ зыхуагъэзащ щIалэ цIыкIур къызыхэкIа Леймой лIакъуэм и нэхъыжьми, и адэшхуэми, и адэ-анэми. Дагъыстэныр, Грузиер, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Къэрэшей-Шэрджэсыр - Iэгъуэблагъэм ит щIыналъэ псори зэришэлIат Хъызыр цIыкIу псэууэ къагъуэтыжын гугъэм. Къыргъызым щыщ щIалэ гуэрым гъуэгу тету хъыбарыр щызэхихым, ИнгушымкIэ къигъазэри, къадэIэпыкъуащ. ЛIыкIуэхэр Къэзахъстанми къикIащ. Палестинэ жыжьэм щыщ сабийхэр тхьэ елъэIурт, щIалэ цIыкIур къагъуэтыжын папщIэ. Езы Ингуш щIыналъэм и хьэфизхэр псыежэхым и Iуфэм КъурIэн щеджа махуэм техуащ сабийм и хьэдэр къыщагъуэтыжар.

«Мазэ 13-кIэ сызэмыпсэлъа си къуэшымрэ сэрэ пщэдджыжьым зэгъусэу шей дефэри, Хъызыр къэтлъыхъуэну зэгъусэу дыкъежьащ», - жиIэжырт нэгъуэщI щIалэм. Илъэс зыбжанэ хъуауэ екIуэкI ингуш-осетин зэпэщIэтыныгъэр ужьыхыным мы нэщхъеягъуэр щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъуами и гугъу щIыпхъэщ. Сабийр щIалъхьа нэужь зыкIэлъыджэжа осетин лIыкIуэхэм яхэта депутат Дидаров Сослан абдежым щыжиIа псалъэхэр гукъинэжт, къаугъэ зи зэхуаку дэлъ лъэпкъ псоми зэхахыпхъэу:

- ДыкIуэжа нэужь, псори къыдэупщIырт: «Дауэ факъыщыхъуа ингушхэм? Сыт къывжаIар?» «КхъыIэ, федзакъэ», «КхъыIэ, фымышхауэ фыдэмыкIыж», - а псалъэхэрщ къызэрытпекIуэкIар. Уеблэмэ зыгуэр тщIэну Iэмал къыдатыртэкъым, апхуэдизкIэ фIыуэ къытхущытти. Мис ахэр яжесIэжащ. ЛъэпкъитIым ди зэхуакум дэлъынкIи хъунур зэхущытыкIитIщ. Зыр – дигу иримыхь псори къэдгъэхъейуэ, дызэпэщIэувэн, хэкIуадэр хэкIуадэу IэщэкIэ дызэзэуэн, а зэхущытыкIэ икIэр ди бынхэм щIэину къахуэдгъэнэнырщ. Адрейр – дигу иримыхь гуэрхэр щыIэу щытми, дызэрыцIыхур, гуауэри гуапэри зэгъусэу дгъэвыныр дэтхэнэ зыми ди лъэпкъ хабзэхэм зэрагъэнэхъапэр тщIэжу, зэгъунэгъу хуэдэу дызэдэупсэунырщ. А щытыкIэм тхыдэми, географиеми, Тхьэшхуэми дригъэуващи, акъылрэ гупсысэрэ зиIэм къыхихынур мы етIуанэ гъуэгурщ.

Хъызыр и анэр сабий ещанэ къыхуэхъуну поплъэ. ГъащIэр и пIэ гува-щIэхами иувэжынущ, ауэ Кавказым укъыщалъхунымрэ укъыщыхъунымрэ и уасэр иджыри зэ дуней псом езыгъэлъэгъуахэм ди лъэр нэхъри нэхъ быдэж ящIащ, ди щIыпIэ махуэм и къарумрэ и пщIэмрэ тхъумэным дытригъэгушхуэу.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: