Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ«ЩэкIуэнымрэ къащэкIу къулеигъэхэр хъумэнымрэ икIи Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №209-ФЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIам и 24-нэ, 33-нэ, статьяхэм, Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэр зыгъэув тхылъхэр зэрагъэхьэзыр, ахэр къызэращтэ щIыкIэм икIи Абы итхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа псэущхьэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэ щIыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ» 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №981-м япкъ иткIэ икIи Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм хуагъэув мардэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щызэгъэкIуным и IуэхукIэ» 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м къигъэхьа письмо №05-29-29/27929-р, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщакIуэ и щIыпIэхэм 2026 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ 2027 гъэм шыщхьэуIум и 1-м нэс дэлъ лъэхъэнэм къащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэмрэ квотэхэмрэ я проектым» и материалхэу къэрал экологие экспертизэ зыщI эксперт комиссэм игъэувахэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2026 гъэм накъыгъэм и I8-м къыдигъэкIа унафэ №I33/ОД-р къэлъытауэ:1. Мы унафэм щIыгъухэр къэщтэн: федеральнэ мыхьэнэ зиIэ щIыуэпс щIыналъэхэу хэхауэ яхъумэхэм щыIэ къащэкIу къулеигъэхэр хэмыту, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу къащэкIунухэм я мардэр 2026 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ 2027 гъэм шыщхьэуIум и 1-м нэс дэлъ лъэхъэнэм тещIыхьауэ гъэувын; 2026 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ 2027 гъэм шыщхьэуIум и 1-м нэс яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэ щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу къурш бжэну къащэкIунум я квотэхэмрэ зыхуэдизымрэ; 2026 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ 2027 гъэм шыщхьэуIум и 1-м нэс дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэ щакIуэ къулеигъэхэм ящыщу щыхь къуэлэну къащэкIунум я квотэхэмрэ ар зыхуэдизымрэ. 2. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс Пагуэ и къуэм (тел. (8662) 74-05-06). Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2026 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м №119-РГ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




