Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

2026 - 2027 гъэхэм къриубыдэ бжьыхьэ - щIымахуэ унэ гъэплъыгъуэм зыхуэгъэ­хьэ­зырын зэрыхуейм теухуауэ щытащ зэIущIэр. КъинэмыщIауэ, и гугъу ящIащ унейуэ яухуэ лъапсэхэр, щIапIэхэр къэгъэщхьэпэн зэрыхуейм. 
«Урысейм щыпсэухэм зэпыу имыIэу я унэхэр къэгъэхуэбэн папщIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и нэIэ щIэт объектхэр зыхуей хуэзауэ щытын хуейщ. ЩIыналъэхэм я унафэщIхэм сыныволъэIу а Iуэхур фи нэIэ щIэвгъэтыну, IуэхущIапIэхэр гъэ­сы­ныпхъэкIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэм фы­кIэлъыплъыну», - жиIащ Хуснуллин Марат. 
ЗэIущIэр зэрекIуэкIам щытепсэ­лъы­хьыжым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ: 
 - Къэбэрдей-Балъкъэрым унэ гъэплъыгъуэ пIалъэм зыхуигъэхьэзырын щIи­дза­кIэщ. Коммунальнэ IуэхущIапIэхэм я ­къалэнщ котельнэхэр, хуабэмрэ псымрэ ­зэ­рызекIуэ бжьамийхэр щIымахуэм ­хуа­гъэ­хьэзырыну. А лэжьыгъэм сом мелард 1,2-м щIигъу хуэдутIыпщащ. ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IуэхущIапIэхэр бжьыхьэ - щIымахуэ чэзум зэрыхуагъэ­хьэзырым тхьэмахуэ къэс дыкIэлъоплъ. Хуабэр зэпыу имыIэу зэбгрыкIын папщIэ, щIыпIэ администрацэхэм жэщми махуэми ла­­жьэ, къэхъукъащIэхэм хуэхьэзыр хъы­бар­ зэIэпыхыпIэхэр ­щызэрагъэпэщащ, икIэ­­щIыпIэкIэ Iуэхум ирахьэлIэ хъуну Iэ­мэпсымэхэри яIэщ. 
Хуснуллиным щIыналъэхэм иджыри къа­лэн ящищIащ илъэсым къриубыдэу яутIыпщыну псэупIэхэм я бжыгъэм хагъэхъуэну, абы уней ухуэныгъэхэри хагъэхьэну. Гулъытэ хуащIыпхъэщ унэхэр щаутIып­щыну пIалъэм, щIапIэхэр къызэрагъэ­сэбэпыпхъэ щIыкIэм, псори инфраструкту­рэкIэ къызэгъэпэщын, яухуа унэхэр учётым гъэувын зэрыхуейм. 

Поделиться: