Зи чэзу къалэнхэр щызэпкърах![]() Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы щыхэплъэжащ илъэсым и пэщIэдзэм щегъэжьауэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм. Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Май щIыналъэхэм, Бахъсэн къалэ округым а унэтIыныгъэмкIэ щрагъэкIуэкIа Iуэхухэм ятеухуауэ къэпсэлъащ зыхуэфащэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр. Апхуэдэуи, гулъытэншэу къагъэнакъым лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэри. Муниципалитетхэм абыхэм хыхьэу щагъэзащIэ лэжьыгъэхэм ящыщщ еджапIэхэр, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным епха ухуэныгъэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэм щадэлэ- жьэну IуэхущIапIэхэр ящIыныр, гъуэгухэр мардэм къитIасэу зыхуей хуэгъэзэныр, псыкIэ къызэгъэпэщын IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр.
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||





