Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр

Кавказ республикэхэм хуэдэу унагъуэм и мыхьэнэр къащыгурыIуэ щIыпIэ куэд иIэ хъункъым Урысейм. Ауэ щыхъукIэ, зэманым и нэщэнэхэр ди лъэныкъуэмкIи къыщотIасхъэ. 

Унагъуэ къэунэхугъащIэхэм чэнджэщкIэ е мылъкукIэ зыщIагъэкъуэныр, зэщхьэгъусэ зэгурымыIуэхэм еущиеу, сабийхэр адэ-анэншэу къамыгъэтэджыныр къалэн зыщищIыжащ Шэшэн Республикэм 2017 гъэ лъандэрэ щылажьэ, «Унагъуэ-нэчыхь Iуэхухэр зыхуей хуэзэнымрэ зэщыIеяхэр зэгъэкIужынымкIэ комиссэм». «Грозный» телеканалым къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым ирихьэлIэу, абы зэкъуэхуа унагъуэхэм я зэхуэдитIыр зэригъэуIужащ. 
И щхьэр течауэ жыпIэмэ, мы комиссэм щхьэусыгъуэ гуэрым къыхэкIыу зэщыIея зэщхьэгъусэхэр зэригъэкIужу аращ. 2025 гъэм Шэшэныр зэщхьэгъусэ нэхъыбэ щызэбгъэдэкIыжа щIыналъэхэм язу щытащ: нэчыхь 965-м щыщу 312-р якъутэжат. Иджы къат бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, 2017 - 2026 гъэхэм къриубыдэу, нэчыхь 6020-м щыщу 3038-р «къигъэпсэужащ» комиссэм. ЗэIущIэхэр упщIэ-жэуап жыпхъэм иту йокIуэкI: зэщхьэгъусэхэр ираджэри, щIызэбгъэдэкIыжа щхьэусыгъуэмкIэ къоупщI, дэтхэнэ зыми и Iуэху зыIутыр зэхагъэкI. 
Зи адэ-анэр зэгурымыIуэ ныбжьыщIэхэм зеиншафэ къатоуэ, ахэр псэууэ щытми. Иджы унагъуэ 3038-м щапI сабий мини 5-м тыншыгъуэ ягъуэтыжауэ аращ а бжыгъэм къикIыр. 
 УигъэгуфIэркъым зи псэугъуэхэм бын зрагъэгъуэтын гукъыдэжыр зэрафIэкIуэдми. Языныкъуэхэм абыкIэ улахуэхэр зэрыцIыкIур, лэжьапIэхэр зэрызэпэубыдар егъэкъуаншэ, бжыгъэхэм жаIэри пхущIэхъумэркъым. 
 «КоммерсантЪ» газетым къызэритымкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щIэблэм щIэмыхъуэпсхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи сабийхэр къамылъху щIыкIэ зыгъэкIуэдыжхэр нэхъыбэ щыхъуащ, ипэрей зэманым елъытауэ. Урысейм хыхьэ щIыналъэхэр зэплъытмэ, псом япэ итыр Тверь областырщ: сабий зыфIэзыгъэкIуэдыжахэм я бжыгъэр процент 20,6-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ абы. ЕтIуанэ увыпIэр Осетие Ищхъэрэ - Аланием иIыгъщ, процент 14-кIэ нэхъыбэ хъуауэ. Ещанэр – Ингуш Республикэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым етхуанэ увыпIэр иIыгъщ, Мэзкуу иужькIэ. Ди республикэм сабий зыфIэзыгъэкIуэдыжахэм я бжыгъэр проценти 5-кIэ щыхэхъуащ, щхьэ бжыгъэкIэ къапщтэмэ, 1211-м икIри 1271-м нэсащ. 
 Ауэ щыхъукIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым мы Iуэхум ехьэлIа процент бжыгъэр процент 49-кIэ щыхэщIащ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: