ЗэчиифIэхэм я сэбэп къалъыхъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м и Жы­ла­гъуэ палатэм зэчиифIэ­хэм я ин­дуст­рием зегъэ­у­жьынымкIэ и комиссэм, Щэн­хабзэм къы­ща­Iэт жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым (ПФКИ) я уна­фэщI Карманов Романрэ хэ­тащ Налшык дэт ЩIалэгъуа­лэм папщIэ унэм фондым и къудамэ къызэрыщызэIуа­хым теухуа дауэдапщэм. 

Санкт-Петербург ще­кIуэ­кIа дунейпсо экономикэ зэ­хуэсыш­хуэм  щызэращIылIа зэгуры­Iуэ­ныгъэм ипкъ иткIэщ ­ПФКИ-м и офис Налшык къы­зэ­ры­щы­зэ­рагъэ­пэ­щар. Кармановым зэ­ры­жи­IэмкIэ, мыр 39-нэу Урысейм къы­щызэIуахащ. Ап­хуэдэ Iэмал къыщыкъуэкIыр щIы­налъэм и Iэтащхьэм зэчий зыбгъэдэлъ цIыхухэм гъуэгу яритыну щыхуей щIы­пIэ­хэрщ. Мыбы грант къы­зэ­рыпхьыну щIыкIэм ущыхура­гъэ­сэну лекцэхэмрэ семи­нар­хэмрэ ще­кIуэ­кIынущ, щIэ­­ныгъэм щыхагъэхъуэнущ. 
«ПФКИ-р щылэжьэну щIы­пIэ щхьэхуэ ди республикэм ­къы­зэрыщызэIутхам и фIыгъэкIэ, зэчий зыбгъэдэлъ ди цIыху­хэм IуэхущIэ къы­щы­халъ­хьэкIэ, чэн­джэщ къы­зы­б­гъэдахын, ­къа­дэIэ­пыкъун ягъуэтынущ. Ипэ­жыпIэкIэ, мыбдежыр пре­зи­дент грантхэр нэхъыбэу къы­з­ра­шэ­лIэ­фыну щIыпIэ ­хъууэ аращ, цIыхубэм яфI зы­хэлъ проектхэр ягъэхьэ­зырын хуэдэу. Фондым хуиту дызэ­ры­лъэ­Iэсынум а Iэмалхэр нэхъри иригъэфIэкIуэнущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
А махуэ дыдэм республикэм и Iэтащхьэм ПФКИ-м и уна­фэщIым зэIущIэ дри­гъэ­кIуэ­кIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ цIыху зэчиифIэхэр Iуэхум къызэрыхашэну щIыкIэм. 
«Ди республикэм цIыху зэчиифIэ куэд исщ. Дызэрызэ­дэла­жьэм кърикIуапхъэщ цIы­хубэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэщхьэпэну проек­тыфI­хэм зэ­ры­заубгъунур. Къэбэрдей-Балъ­къэрым хэ­лъэт зиIэу исхэм гъуэгу еттын папщIэ, хуэфэщэн инфраструктурэ къыщызыдогъэ­пэщ. ПФКИ-м и гупым гурэ псэкIэ фIыщIэ яхузощI дызы­щIэлъэIуам къызэрыпэджэжам папщIэ, зэфIэкI лъагэ зы­дэтлъагъухэм защIэдгъэкъуэн хуэдэу», - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек. 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым фIы­­кIэ узыщыгугъ хъуну куэд щыболъагъу зэчий и лъэ­­ны­къуэкIэ. Фондыр зэ­рылажьэ ­лъандэрэ, лъэIу тхы­лъи 124-рэ къытIэрыхьащ, проекти 7-м сом мелуани 8,2-рэ яхуэдутIыпщакIэщ. Идж­ы­ри сом мелуани 8,8-рэ езы авторхэм кърашэ­лIащ. Республикэм цIыху зэчиифIэ куэд щопсэу, гуп щхьэ­хуэ­хэ­ри щолажьэ. Дыщогугъ ды­зэ­дэлэжьэху текIуэныгъэ къэ­­зыхьхэм я бжыгъэм хэ­хъуэ­ну», - жиIащ Карманов Роман. 
ЗэIущIэм и кIэухым Карманов Роман республикэм и цIыху зэчиифIэхэм яхуэзащ. Уна­фэ­щIыр абыхэм яхутеп­сэлъы­хьащ грант къыщахь ­зэ­хьэ­зэ­хуэхэр зэрекIуэкI ­щIы­кIэм.

Поделиться: