Гугъэр гъащIэм щыщщ

Хэхыныгъэхэм я зэманым цIыхур зыщIэхъуэпс псори и гум къыщощIэрэщIэж. КПРФ-м дыкъызэригъэгугъэхэр адыгэбзэм нэхъри нэхъ хъуэпсэгъуэ зэрищIым дыкъевгъаджэт. 
  «КПРФ-м и ТекIуэныгъэ Программэр шэсыпIэ йоувэ щытыкIэ гугъур, тхьэмыщкIагъэр, дызылъахъэ хабзэ ткIийхэр тщхьэщихыну.
   КъызэрыдэдыгъуэмкIи, дызэрагъэпудымкIи, тхьэмыщкIэу дызэрыпсэумкIи зыдгъэнщIащ! Ди къэкIуэнур – социализмэрщ!
   Япэ лъэбакъуэ: Уасэхэм, щIыхуэхэм, тарифхэм зэрыхэхъуэр къэдгъэувыIэнщ.
  ЩIакхъуэмрэ шэмрэ я уасэм махуэ къэс зэрыхэхъуэр флъагъуну фыужэгъуакъэ? Фригъэшакъэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и уасэхэр зэрыдэуейм? 
  Дэ цIыхухэр япэу зыщIэупщIэхэм, хущхъуэхэм, сабийхэм папщIэ хьэпшыпхэм я уасэр къэралым игъэуву тщIынущ. Куэдщ сатуущIэхэм напэншэу уасэхэр зэрыдрагъэуеяр!
  ЖКХ-м и уасэхэр унагъуэм и хэхъуэм и проценти I0 нэхърэ нэхъ лъагэ ящIу ддэнукъым. Адрей псори къэралым и пщэ дилъхьэжынущ. Бын куэд зэрыс унагъуэхэм я ипотекэ щIыхуэр пIалъэкIэ щхьэщахыу дгъэувынущ. 
  ЕтIуанэ лъэбакъуэ: ЛэжьапIэщIэхэр къызэIутхынущ, улахуэхэм хэдгъэхъуэнущ. Нэхъ мащIэ дыдэу сом мин 45-рэ!
  ХьэрычэтыщIэ мащIэмрэ ику итымрэ кредит иредгъэтынущ, хэхъуэу проценти 4 нэхърэ нэхъыбэ темылъу!
  Мэкъумэшым хуэди 4-кIэ нэхъыбэу мылъку хуэдутIыпщынущ. 
  Мэкъумэшым телажьэхэм дизелрэ бензинрэ пуду ягъуэту тщIынущ. 
  Ещанэ лъэбакъуэ: МылIэIус мыхъуу, пенсэхэр захуагъэм тету дгъэувынущ 
  Дэ захуагъэм къедгъэгъэзэжынущ: пенсэм щыкIуэ ныбжьыр цIыхухъухэм папщIэ – 60, бзылъхугъэхэм папщIэ – 55-рэ тщIыжынущ. Пенсэм щыкIуэ ныбжьыр щIэуэ хэдгъэхъуэнукъым! Пенсэр къэралым щызекIуэ улахуэм и процент 50-м нэхърэ мынэхъ мащIэу щрет. Нобэрей уасэкIэ къыупщытэмэ, ар сом мин 50-м нэсынущ. 
  Илъэс куэдкIэ мэкъумэшым щылэжьам и ахъшэм процент 30-кIэ хагъахъуэу къэдублэжынущ. Пенсэм и чэзум хагъахъуэу тщIыжынурэ, къэралым къытена щIыхуэхэр цIыхум лъыдгъэсыжынущ. Илъэс 70 ирикъуахэм унэ зехьэпщIэ иредгъэтынукъым. 
  ЕплIанэ лъэбакъуэ: Хущхъуэ уасэ фримыкъуу ара? Дэ хэти къигъэщхьэпэфыну медицинэ пщIэншэм къытредгъэгъэзэжынущ! Къэралым медицинэм хухигъэкI мылъкум щыкIэ хэдгъэхъуэнущ. Страхованэ хэмыту, медицинэм къэралым къыбгъэдэкIыу къылъысыпхъэр лъыдгъэсынущ.   Упсэун папщIэ узыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ операцэ лъапIэхэмрэ я уасэр къэралым иритынущ. ДяпэкIэ зыри щIэлъэIунукъым зэрагъэхъужыну ахъшэм. Медицинэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэдгъэхъуэнущ. Ахэр бюрократ лэжьыгъэ мыщхьэпэм къедгъэлынущ!»
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: