Хэхыгъуэ пIалъэм дызыхуэсакъыпхъэхэр

Махуэ зыбжанэщ къэнэжар Хэхыныгъэ-26-р къэсыным. Абы къыдит хуитыныгъэхэм къадэкIуэу, пщIэ мыхъунухэр, хэхыныгъэм узыхуэсакъыпхъэхэм щыгъуазэ зытщIыжыныр щхьэпэщ. 

 Псом нэхъыщхьэращи, хэхыныгъэм лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хабзэм къемызэгъыу къыщыбгъэщхьэпэ хъунукъым. Гу зылъытапхъэхэр куэд мэхъу:
1) Хэхыныгъэм епха Iуэхугъуэхэр – ар къэралым унафэ щызезыхьэну органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ хагъэхьэнухэр къыщыхах дауэдапщэхэр щагъэхьэзыр, щрагъэкIуэкI, и кIэухыр къыщызэщIаубыдэж, хабзэкIэ убзыхуа лэжьыгъэщ.
2) Хэхыгъуэ пIалъэр хэхыныгъэхэр гъэхьэзырынымрэ егъэкIуэкIынымрэ епха лэжьыгъэщ, ар зи пщэ дэлъ къулыкъущIэм, къэрал органым е щIыпIэ самоуправленэм и органым и унафэр официальнэу къыщыдигъэкIа махуэм щегъэжьауэ, хэхыныгъэхэр къызэзыгъэпэщ хэхакIуэ комиссэм абы текIуэда мылъкур зэригъэкIуэда щIыкIэр хэIущIыIу щищI махуэм пщIондэ екIуэкIыу. 
3) Хэхыныгъэ къыхуеджэныгъэр (агитацэ) хэхыгъуэ пIалъэм къриубыдэу ирагъэкIуэкI лэжьыгъэщ, къагъэлъэгъуа цIыху щхьэхуэр, гупыр, цIыху гупыр хахыным е хамыхыным хэхакIуэхэр къыхуриджэу. 
4) Къыхуезыджэ (агитацэ) материалхэм хеубыдэ зэрыбкIэ къэщыпа, уедэIуэным е нэгъуэщI IэмалкIэ къыбгурыIуэным хуэщIа материалхэрщ, зыгуэр хэпхыным укъыхуезыджэ мыхьэнэ иIэу, хэхыгъуэ пIалъэм зэбграгъэкIыным хуагъэхьэзырауэ. 
5) Мы зыщыгъуэзапхъэм къыхэхуэ нэгъуэщI фIэщыгъэхэм я мыхьэнэр зекIуэ хабзэм зэриубзыхуам тету къэгъэсэбэпыпхъэщ. 

6) Урысей къэралым цIыхуми гражданинми зэхуэдэ хуитыныгъэрэ хьэкърэ ирет, и фэм, и лъэпкъым, и бзэм, къызыхэкIам, диным зэрыхущытым, къинэмыщIхэм емылъытауэ. 
 Урысей Федерацэм и гражданиныр хуитщ хихынуи зыхригъэхынуи, и фэм, лъэпкъым, бзэм, къызыхэкIам, диным зэрыхущытым, къинэмыщIхэм емылъытауэ. 
7) Урысей Федерацэм и гражданиным зыхригъэхыну хуиткъым, 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдэкIа, №114-ФЗ «Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ» хабзэмрэ 2006 гъэм гъатхэпэм и 6-м къыдэкIа «Терроризмэм пэщIэтынымкIэ» №35-ФЗ хабзэмрэ япкъ иткIэ, судым и унафэкIэ ягъэкIуэдыжыпхъэу, е и лэжьыгъэр къызэпаудыпхъэу ягъэува жылагъуэ, дин, е нэгъуэщI зэгухьэныгъэм епхамэ.
8) Урысейм ущыхуиткъым фэкIэ, лъэпкъкIэ, динкIэ, социальнэ щытыкIэкIэ цIыхухэм я зэхуаку къаугъэ къыщызыгъэхъей зэгухьэныгъэхэр къыщызэбгъэпэщыну, хэхыныгъэм епхахэри хиубыдэу. 
9) Зыхрагъэхыну зыкъэзыгъэлъагъуэ кандидатхэм е хэхыныгъэм епха зэгухьэныгъэхэм я программэхэми (Интернетым щызэбграгъэкIахэри яхэту), езыхэм е абыхэм я лIыкIуэхэм я къэпсэлъэныгъэхэми, СМИ-хэм къытехуа материалхэми экстремизмэм епха Iуэхугъуэ хэт хъунукъым. 
Экстремизмэм хохьэ:
Фэр, лъэпкъыр, диныр, социальнэ щытыкIэр къэбгъэсэбэпу, цIыхухэр зэпэщIэбгъэувэныр;
ЦIыхум и фэм, и лъэпкъым, и диным, и бзэм, социальнэ щытыкIэм, е диным зэрыхущытым къыхэкIыу, ар адрейхэм нэхърэ нэхъ лъагэу е нэхъыкIэу зэрыщытым къыхуебджэныр;
ЦIыхум и фэм, и лъэпкъым, диным, бзэм, е диным зэрыхущытыр тегъэщIапIэ пщIыуэ, абы и хуитыныгъэм, хьэкъым, хабзэкIэ къылъысым уебгъэрыкIуэныр;
10) Хэхыгъуэ пIалъэм къриубыдэу къыхуебджэ хъунукъым:
Социальнэ зэхуэмыдэныгъэм, фэм, лъэпкъым, диным епха зэпэщIэтыныгъэм; 
ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр зыгъэпуд Iуэхугъуэхэм; 
КъызыхэкIа лъэпкъым, зэрихьэ диным, бзэм, социальнэ щытыкIэм елъытауэ зыр псоми ефIэкIыу, е адрейхэм нэхърэ нэхъыкIэу зыгъэув Iуэхугъуэхэм; 
11) Дин зэгухьэныгъэхэмрэ абыхэм къызэIуаха IуэхущIапIэхэмрэ хуиткъым:
Хэхыныгъэм епха къыхуеджэныгъэ ирагъэкIуэкIыну;
Агитацэм епха материал къыдагъэкIыну;
Зыхрагъэхыну зыкъэзыгъэлъэгъуа кандидатхэм е абыхэм къызэрагъэпэща зэгухьэныгъэхэм я фондхэм псапащIэ ахъшэ хухагъэкIыну;
12) Дин зэгухьэныгъэхэм я дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, хуиткъым:
 Хэхыныгъэм епха агитацэ ирагъэкIуэкIыну;
Агитацэм епха сыт хуэдэ материали къыдагъэкIыну; 
13) Лъэпкъ, дин IуэхукIэ зэбииныгъэ къэзыгъэхъейм административнэ, уголовнэ тезыр къытохуэ. 
 УФ-м и КодексымкIэ, административнэ щIэпхъаджагъэ зылэжьам административнэ тезыр тралъхьапхъэщ (граждан щхьэхуэхэм сом мини 10-м щегъэжьауэ мин 20-м нэс, юридическэ нэрыбгэхэм сом мин 250-м щегъэжьауэ мин 500-м нэс), сыхьэти 100-м къриубыдэ тезыр лэжьыгъэ, е жэщ-махуэ 15-кIэ ягъэтIысыныр. 
 УФ-м и Уголовнэ кодексым зи цIэ къраIуа Iуэхугъуэхэм щIэпхъаджагъэ хэлъу къилъытэмэ, жэуаплыныгъэ зэхуэмыдэхэр тезыру трилъхьэнущ, сом мин 300-м щегъэжьауэ мин 600-м нэс мылъку тезыру, илъэси 5-м нэс тезыр лэжьыгъэ, илъэси 6-кIэ ягъэтIысыныр. 
14) Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хабзэм къемызэгъыу къэзыгъэсэбэп кандидатыр судым и унафэкIэ хэхыныгъэм хагъэкIыжынкIэ е хэхыныгъэ спискэм хатхъыкIыжынкIэ хъунущ. 
15) Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хабзэм къемызэгъыу къагъэсэбэпауэ къалъытэмэ, судым хэхыныгъэм къигъэлъэгъуар къабыл имыщIыну хуитщ. 
16) Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хэхыныгъэм хабзэм къемызэгъыу къыщагъэсэбэпауэ къыщалъытэнкIи хъунущ:
 Хахыну къагъэлъэгъуа кандидатым ар къызыхэкIа лъэпкъым е диным елъытауэ Iэ хуаIэтыну къыхураджэмэ;
ХэхакIуэхэр къызыхэкIам е зэрахьэ диным елъытауэ, хэхыныгъэм хэмытыну къыхуеджэныр;
Хэхыныгъэм хэтхэр къызыхэкIа лъэпкъым е абыхэм зэрахьэ диным теухуауэ хъыбар нэпцI зэбгрытыкIыныр;
ХэхакIуэхэр хагъэзыхьын мурадкIэ лъэпкъ, дин зэпэщIэтыныгъэ къэгъэхъеиныр е апхуэдэ щыIэу къафIэгъэщIыныр; 
Хахыну зыкъэзыгъэлъагъуэхэр гъэпудын е япэ игъэщын мурадкIэ лъэпкъ, дин зэпэщIэтыныгъэ къэзыгъэхъу материалхэр зэбгрыгъэкIыныр;
Урысей Федерацэм щекIуэкI хэхыныгъэм епха Iуэхугъуэхэр дин, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэкIэ къызэпыудын мурадкIэ къызэрагъэпэща нэгъуэщI Iуэхугъуэ псори;

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: