ЛъэужьыфIэ

Зи цIэр лъэпкъ, республикэ, къэрал тхыдэм купщIафIэу къыхэзына лIы щэджащэщ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр. Абы республикэм щызэтриубла лэжьыгъэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ иджыри къыздэсым хагъахъуэ зэпыту къыщагъэсэбэп ди щIыналъэм. ЛъэужьыфIэт и къуэ закъуэмкIи, езым хуэфэщэн хуэдэ хэкулI къызэринэкIащ, и лъэужь игъэдахэу, и Iуэхум къыпищэу республикэм и Iэтащхьэ къулыкъур иджыкIэ ирехьэкI. Абы теухуа гукъэкIыж дахэкIэ ди газетеджэхэм къадогуашэ Къэбэрдей–Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист, 1992 – 2005 гъэхэм КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Къудей Владимир.
«КIуэкIуэ Мухьэмэд и къуэ Валерэ ди республикэм и унафэщIу цIыхубэм щыхахам щыгъуэ дунейм и зэхэзэрыхьыгъуэт. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы щыгъуэ ди кIэн къикIат. Сыту жыпIэмэ, ди гъащIэри, ди къэкIуэнури IэщIэтлъхьащ щIыналъэм, къызэрыгуэкI цIыхубэм щхьэкIэ зи гур, зи лыр уз лIы щэджащэм. 
Иджыпсту зи гугъу сщIыр тэмэму къыбгурыIуэну хъункъым, 90 гъэхэм къэралым щыщыIа щытыкIэр уи нэгу IупщIу къыщIумыгъэхьэжмэ: СССР-р лъэлъэжауэ, къэралым лъэпкъыу исыр зэщIэплъарэ лIыфIыпIэ зэримыгъахуэу, промышленностыр, нэгъуэщI экономикэ IэнатIэхэр мылажьэу, ахъшэ щымыIэжу, центрым дылIами дыпсэуми дыкъыфIэмыIуэхуу щыщыт лъэхъэнэт ар. Абы къыщIыгъужыпхъэщ ди республикэми тIуууэ загуэшыну хуейуэ къыхэзылъхьа языныкъуэ «щхьэпщтырхэри» гъэувыIэн зэрыхуейр, ди щIыпIэм зауэ-банэ къыщымыхъун папщIэ.
 Апхуэдэ щытыкIэ гугъум дэ тэмэму дыкъикIыфынтэкъым, Алыхьым Президент губзыгъэ къыдимытатэмэ. Валерий Мухамедович и хьэлт сыт хуэдэ IуэхумкIи чэнджэщэгъу къигъуэту, дэтхэнэми жиIэм гупсэхуу едаIуэрэ, куэдрэ зэпишэча нэужь, Iуэхугъуэр зэрыдэкIын унафэ къищтэу. Унафэ къищтар зэрыщыту правительствэри езым и аппаратри щIэсу жэуап зыхь лэжъакIуэ гуэрым е министерствэм ипщэ ирилъхьэрт. А унафэр гъэхэщIа зрыхъур къэпщытэн фIэкIа Iуэху имыIэу управленэ къызэрагъэпэщат, лэжьакIуэ бэлыхь Чычэ Иринэ и унафэщIу.
  А къомыр сигу къыщIэзгъэкIыжыр КIуэкIуэм и Iуэху зехьэкIэр, Iуэху бгъэдыхьэкIэр къэзгъэлъэгъуэну сыхуейуэ аращ. Ар хуейт псори зэгурыIуэу зэдэлэжьэну, дэтхэнэми и къалэныр нэсу, тэмэму игъэзэщIэну икIи лэжьыгъэр тэмэму зезымыхьэр хуабжьу и жагъуэт.
 Шэч хэмылъу, апхуэдэ командэ къызэбгъэпэщыныр а зэманым тынштэкъым, ауэ КIуэкIуэр абыи пэлъэщри, абы къыдэкIуэуи федеральнэ властми пыщIэныгъэфIхэр щызэригъэпэщын хузэфIэкIащ. Абы икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэт, сыту жыпIэмэ, егъэджакIуэхэм, еджапIэхэм, мылицэм, нэгъуэщI бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм иратын ахъшэ дэ диIэтэкъым, къызыхэкIыни щыIэтэкъым. Арати, езым хузэфIэкIри а Iуэхум хилъхьэрт, абы нэхърэ нэхъыбэж и командэм хэтхэм яригъащIэрт.
 - Сэ, - жиIэ хабзэт абы, - министрым лъэкIыныгъэ гуэр иIэу, а къулыкъум ар пэлъэщу икIи хуэфащэу къыщыслъытэнур ди республикэм хуэфащэ ахъшэм тIэкIу нэхъ мыхъуми щIигъуу къытхуихьыфу щытмэщ. Ар зыхузэфIэмыкIынур иджыпсту тхэкIмэ нэхъыфIщ. Хьэкъыу фпхыкIыну сыхуейщ: дэ нэгъуэщIу дыкъелынукъым мы зэман Iейм.
  Къэгъэлъэгъуапхъэщ абыхэм я нэхъыбэр Президентыр зэрыхуейм хуэдэу къызэрыщIэкIар икIи а зэманым псэемыблэжу зэрылэжьар , икIи я цIэ къиIуапхъэщ Министрхэм я Кабинетым хэтхэу Алътуд Юрэ, Сэхъу Владимир, нобэ дунейм темытыжми псоми фIыуэ тлъагъуу щыта Тыркуин Анатолэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Щауэжь Хьэсэнбий, Аброкъуэ СулътIан нэгъуэщIхэри. Президентыр я пашэу абыхэм я фIыщIэщ а зэман гугъум дыкъызэрикIар. Псалъэм къыдэкIуэу къэзгъэлъэгъуэнщи, Президентым и командэм и нэхъыбапIэр лэжьакIуэфI защIэт. Псалъэм папщIэ я цIэ къиIуапхъэщ япэщIыкIэ вице-президенту, иужькIэ – правительствэм и унафэщIу лэжьа Губин Геннадий, правительствэм и унафэщIу щыта Черкесов Георгий, абы и къуэдзэ Нэхущ Заурби, министрхэу Шыхъуэстэн Борис, Емуз Анатолэ, Ерчэн Темболэт, Ахметов Хьэзрэт, Налшыкым зэман зэтемыхуэхэм я Iэтащхьэу щыта Берд Хьэзрэталийрэ Щоджэн Мухьэмэдрэ, нэхъ иужькIэ ягъэувами псынщIэу лэжьыгъэм хэпсыхьа, Шэджэмым и главауэ щыIа Мамбэт Михаил, нэгъуэщIхэри. Ахэр псори цIыху жыджэр защIэт, хьет-хуит ин яхэлът, зэманым къигъэув Iуэхугъуэ мытыншхэм пэщIэувэфт икIи пэлъэщыфырт, цIыхухэм ягурыIуэрт.
  КIуэкIуэ В. М. политик Iущт, сыт хуэдэ Iуэхуми куууэ кIуэцIрыплъыфырт. Абы къыхэкIыу ди Iэтащхьэм пщIэ лей къыхуищIу, и чэнджэщ кърихьэлIэу щытащ Россием и япэ Президент Ельциныр. Абы и щыхьэту щапхъэ куэди щыIэщ. Абыхэм ящыщщ Ельциныр Налшык зыбжанэрэ IуэхукIэ къызэрыкIуам нэмыщIкIэ зигъэпсэхунуи мызэ-мытIэу зэрыщыIар. Псалъэм къыдэкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, регион куэд дыдэ щыIэщ Ельциныр зэи щымыIауэ.
 Егъэлеяуэ КIуэкIуэм пщIэ къыхуищIу щытащ Путиными. 
 «Сэ сылэжьэху улэжьэнущ» жиIэри къызжиIащ Президентым, - егъэлеяуэ и гуапэ зэрыхъуар имыбзыщIу зэгуэр сэ къызжиIауэ щытащ КIуэкIуэм, Путиным хуэзэри къэкIуэжауэ. ФIыуэ къилъагъуу зэрыщытам и щыхьэтщ Валерий Мухамедович дунейм щехыжам къэрал лIыщхьэр мыбы къызэрыкIуэфар, иужькIи и кхъащхьэм кIуапхъэу къызэрилъытар. 
 Президентым къалэн куэд и пщэ къыдохуэ. А къалэнхэр ягъэзащIэкIэрэ куэдым ящогъупщэ унафэщIу хэзыхари, щIыхахари. Ауэ КIуэкIуэ В. М. апхуэдэтэкъым. Сыт хуэдэ закон, указ е унафэ ямыгъэхьэзырами, ар япэу зэплъыр мы къыхалъхьэ Iуэхур цIыхум сэбэп зэрыхуэхъунырт. СощIэж, зэгуэрым тарифхэр хэгъэхъуэным теухуа Iуэхугъуэ гуэрым тепсэлъыхьу ар къыщичауэ зэрыщытар, цIыхум яшхын ягъуэтыркъым, фэ тарифхэм щIэмычэу хэвгъэхъуэну фыхэтщ, жиIэри. КIуэкIуэм а зэманым лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ унагъуэ хуэмыщIахэм ахъшэкIэ защIигъэкъуэн папщIэ. СыкъэмыпцIэмэ,  цIыху мин 34-36-м мазэ къэс ахъшэкIэ дэIэпыкъуу щытащ, федеральнэ мылъкум къыхэкIыу. Абы къыдэкIуэу, япэ Президентым гулъытэ лей хуищIырт зыхуэфащэхэм пенсэр, лэжьакIуэхэм – улахуэр зэтримыхьэу иратыным. Абы щыгъуэ къэралым и дэнэ щIыпIэми псоми щIыхуэшхуэ ятелъти, ди Президентым хабзэ ткIийуэ игъэуват Iуэхур зэрыщытым мазэм зэ тепсэлъыхьыну. Ар фIыуэ сощIэж, апхуэдэ совещанэ гуэрым КIуэкIуэм и губжь къыщыслъысауэ щытащи. Ар зэрыхъуаращ: совещанэм щыщIидзэм Президентым жиIащ улахуэмкIэ щIыхуэ зытелъ район унафэщIхэр нобэ телевизоркIэ къызэрагъэлъэгъуэнур. Сэ ар зэхэсхакъым икIи тIэкIурэ лэжьа нэужь операторыр сыутIыпщыжащ. Зэманыр къэсри, операторыр къыщыIэщIэмылъагъуэм Президентыр губжьащ. Тобэ ирехъуи, апхуэдизкIэ губжьати сигъэлэжьэнтэкъым, насып сиIэ хъунти, абы зэригугъам хуэдэу Iуэхухэр мыIейуэ къыщIэкIащ…
  КIуэкIуэм цIыхугъэшхуэ хэлът, адыгагъэ зэрихьэрт, лъэкIамэ дунейм цIыхуу тетыр адыгэ хабзэмкIэ игъэпсэунт. Зэгуэрым Ростов совещанэшхуэ гуэр щекIуэкIауэ, иуха нэужькIэ Iэнэ къагъэуват. Дауи, къэзакъ хабзэ къызыдэмынэжа Ростов уэ адыгэ хабзэ щыбгъуэтынт – щыIэтэкъым. Слъагъурт ди нэхъыщхьэр зэрызэгуэпри, телеоператору ди гъусэ Мамхэгъ Аслъэнрэ сэрэ нащхьэ зэхуэтщIри, зыми зыри жедмыIэу щхьэгъэрытыныр ди пщэ дэтлъхьэжащ икIи хэгъэрейхэм зыкъащIэжыхукIэ Iэнэм дыкIэлъыплъат. Ар Валерий Мухамедович зыкIэ и гуапэ хъуати! Куэдрэ игу къигъэкIыжырт, «къэзакъхэр адыгэ хабзэм хуедгъэсатэкъэ», жиIэрти.
  КIуэкIуэр псэуамэ, ди республикэр ехъулIат. Ар щыщт фIы и лъэныкъуэкIэ фIэкIа зызымыхъуэжхэм. И щIэныгъэми, и акъылми, и зэфIэкIми нэрылъагъуу хигъахъуэ зэпытт. Ар зэхуэдэу фIыуэ къалъагъурт рабочэми, мэкъумэшыщIэми, Москва къулыкъушхуэ щызыIыгъхэми. И хъумакIуэхэм я Iэтащхьэу щыта Джэш Вячеслав, Совет Федерацэм щылажьэу щыта адыгэ щIалэ Жырыкъ Алан сымэ сэ къызжаIэу щытащ Валерий Мухамедович Совет Федерацэм (ар абы и унафэщIым и къуэдзэу куэдрэ лэжьащ, мазэм щыщу зы тхьэмахуэм кIуэуэ) щыщыIэм абы и деж къакIуэрт икIи сыхьэт бхыгъэкIэ щыщIэс щыIэт Москва и Iэтащхьэ Лужков, Татарстаным и Президент Шаймиев сымэ, Ярославлым и губернатор Лисицын, нзгъуэщI лIы щэджащэ куэд. Ахэр ауэ къызэрыгуэкI унафэщIу къанэртэкъым, атIэ зи псалъэм цIыхухэр минипщI бжыгъэкIэ щIэджэгукI, къэрал унафэ къыщащтэкIэ зи жыIэм мыхьэнэшхуэ ират къэрал лэжьакIуэхэт. Псалъэм папщIэ, УФ и Конституцэм и гъусэу абыхэм я жэрдэмкIэ къащтауэ щытащ Федеративнэ договорыр. Нобэ яIэщIэгъупщыкIыжа а документым, политик, политолог нэхъ ехьэжьахэм къызэралъытэмкIэ, мыхьэнэшхуэ иIащ Урысей къэралыгъуэр мылъэлъэжу къызэтенэнымкIэ. Мис апхуэдэ щапхъэхэм яужькIэ гурыIуэгъуэ мэхъу КIуэкIуэм федеральнэ центрым куэд щыхузэфIэкIыу щIыщытар, къэрал унафэщIхэми, цIыху къызэрыгуэкIхэми ар фIыуэ къалъагъуу, пщIэ къыхуащIу щIыщытар.
 2006 гъэм сэ къыдэзгъэкIащ а лIы бэлыхьым, цIыху щэджащэм ятеухуа тхылъ. Зэреджэр «Человек долга и чести» жиIэу аращ – си фIэщ хъуркъым ар иджыпсту улъыхъуэкIэ бгъуэтыжыну. Сэ КIуэкIуэм къулыкъушхуэкIи мылъкукIи схуэмыпшыныж и щIыхуэ стелъкъым, ауэ тхылъым и цIэми къызэригъэлъагъуэщи, цIыху минхэм хуэдэу, егъэлеяуэ пщIэ хузощI икIи быдэу си фIэщ мэхъу ар псэууэ диIатэмэ, ди Iуэху куэдкIэ нэхъ дэкIыну зэрыщытар. Дауэ щымытми, псори арэзы зытехъуэр зыщ: ар куэдрэ лъэпкъыр, республикэр зэрыгушхуэну лIы щэджащэт, унафэщI губзыгъэт». 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: