Витебск адыгэ макъамэр щоIу

Гъуазджэ

Бадзэуэгъуэм и 14 - 19-хэм Белоруссием и Витебск къалэм щызэхэта гъуазджэхэмкIэ «Славянский базар» 25-нэ дунейпсо фестивалым гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм я цIыхубэ артист Нэхущ Чэримрэ дызэрыгушхуэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамбль цIэрыIуэмрэ.

 Ди артист пажэхэр фестивалым и утыкум IэгуауэшхуэкIэ щрагъэблэгъащ. Гур хэзыгъахъуэт зи уэрэд жыIэкIэр куэдым фIыуэ ялъэгъуа Нэхущ Чэрим удихьэхыу «Адыгэ пщащэ» уэрэдыр адыгэбзэкIэ зэригъэзэщIам укIэлъыплъыныр, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакIуэхэм утыкур къыдагъэбжьыфIэу. Гъуазджэ махуэшхуэм дуней псом къащта ди лъэпкъ фащэ екIур ящыгъыу анэдэлъхубзэр Витебск зэрыщагъэIуамрэ щIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ ди лъэпкъ къафэ дахэр зэрагъэлъэгъуамрэ гуапэщ.

- СэркIэ пщIэшхуэщ «Славянский базар» фестивалым сызэрырагъэблэгъар. Гъуазджэ зэхыхьэшхуэм и тхыдэм къриубыдэу абы и сценэм зыкъыщагъэлъэгъуащ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, дуней псом и вагъуэ цIэрыIуэхэм, - жеIэ Нэхущым. - Белоруссием япэу сыкIуэну къысхуихуауэ аращ икIи а къэралыр хуабжьу сигу дыхьа къудей мыхъуу, ситхьэкъуауэ жысIэмэ, егъэлеиныгъэ хъунукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм бысымхэр гуапэу, я гур зэIухауэ къытIущIащ, белорусхэр хьэщIэкIэ зэрыфIым и нэщэнэу. Витебск къалэм и къабзагъымрэ и дахагъымрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым! ЦIыхухэр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ, я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэхъри зэгъунэгъу зыщI фестивалыр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ.

Республикэм и лIыкIуэхэр фестивалым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъкIэ, удз гъэгъарэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ.

Фестивалыр къызэIуаха нэужь, пщыхьэщхьэм «Витебск» концерт залым пшыхь гукъинэж щатащ Нэхущ Чэримрэ «Кабардинка» ансамблымрэ. ЛъапэпцIийуэ ди цIыхубэ къафэ гъуазджэм и дахагъэр зыгъэлъагъуэ ди къэфакIуэхэр щIэщыгъуэ ящыхъунтэкъэ?! Псом хуэмыдэу къыу хужьым хуэдэ пщащэ зэкIужхэм я къэфэкIэр!

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: