Прохладнэдэсхэм я IэдакъэщIэкIхэр![]() Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ Прохладнэ къалэм и «Ренессанс» зэгухьэныгъэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэр. «Кавказ - родина моя» - аращ фIащар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум траухуа выставкэм. Лэжьыгъи 140-рэ утыку къыщрахьащ музейм и пэшищым. - Куэд щIауэ дыщыгъуазэщ Прохладнэм и художникхэм я зэфIэкIым. «Ренессанс» зэгухьэныгъэм Iэмал къыдет ди нэIуасэ сурэтыщIхэм я лэжьыгъэщIэхэм деплъыну, гъуазджэм къыхыхьа цIэщIэхэр зэдгъэцIыхуну», - жиIащ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. - Выставкэм и фIыгъэкIэ художникхэм къехъулIащ республикэм и щIыпIэ дахэхэм, архитектурэ фэеплъхэм, тхыдэм теухуа я лэжьыгъэхэм гъуазджэм дихьэххэр ирагъэплъыну.
Поделиться:
Читать также:
30.08.2026 - 12:03 →
И лъабжьэщ IуэрыIуатэр
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
| ||





