Ди республикэр электрокъарур нэхъ тэмэму къэзыгъэсэбэпхэм ящыщщЩIышылэм и 30-м Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Россети» компанием и генеральнэ директор Ливинский Павелрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм и электросетым и щытыкIэм, КъБР-мрэ мы компаниемрэ зэщIыгъуу дяпэкIэ зытелэжьэну Iуэху нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэу псалъэмакъым къыхэщащ республикэм исхэр зэблэу къыхэмыкIыу электрокъарукIэ къызэгъэпэщыным, псом хуэмыдэу бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм гугъуехь хэхахэр къэмыгъэхъуным, электрокъарур къэзыгъэсэбэпхэм тэмэму ядэлэжьэным, щIыналъэм и электросетхэр къэгъэщIэрэщIэжыным. Къапщтэмэ, унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащIащ Налшык къалэм и инфраструктурэм зэрызиужьым къыхэкIыу абы и ипщэ-къухьэпIэ Iыхьэм трансформатор лъэщхэр щыгъэувыным.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|