КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и ухуакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Инстаграм социальнэ сетым щиIэ напэкIуэцIым щехъуэхъуащ республикэм и ухуакIуэхэм, абыхэм я IэщIагъэм епха махуэшхуэр зэрагъэлъапIэм и саулыкъукIэ.

«Ухуэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэтщIхэ. Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – УхуакIуэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
Фи лэжьыгъэр сыт щыгъуи щытащ мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэхэм, пщIэ зыхуащIхэм ящыщу икIи иджыри апхуэдэу къонэж. УхуакIуэу ущытын папщIэ уигури уи псэри а лэжьыгъэм ептын хуейщ икIи фи IэужьыфIхэр дэтхэнэ зыми и дежкIи нэрылъагъущ.
Фи егугъуныгъэмрэ фи IэщIагъэм фызэрыхуэIэзэмрэ я фIыгъэкIэ йофIакIуэ ди зэхуэдэ унэр – Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди уэрамхэр, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр йокIуэкI, IэнатIэщIэхэр къызэIуах, республикэмрэ къэралымрэ зегъэужьыным хуэгъэпса мурадыщIэхэр гъащIэм хэпща мэхъу, абыхэм я фIыгъэкIи цIыхухэм я псэукIэр йофIакIуэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс щаухуэ узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэмрэ спортымрэ я ухуэныгъэщIэу пщIы бжыгъэхэр, цIыху зэхуэсыпIэхэр, паркхэр зэIузэпэщ мэхъу, псэупIэхэр щIэгъэхуэбжьауэ яухуэ. А псори фэ махуэ къэс евгъэкIуэкI лэжьыгъэрщ къызыдэкIуэр.
ФIыщIэ фхузощI фи лэжьыгъэфIым, фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым папщIэ. Узыншагъэ быдэ фиIэну, фи гуащIэ мыкIуэщIу, мамыру, зэIузэпэщу фыпсэуну сынывохъуэхъу», - итщ республикэм и унафэщIым и хъуэхъум.

Поделиться: