Электрон Iэмэпсымэхэм Iуэхум щыгъуазэ уащI

 Псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп къэрал Iуэхутхьэбзэм и IуэхущIапIэм (Единый портал государственных услуг) цIыху щхьэхуэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ папщIэ IэмалыщIэхэр къызэIуихащ. Ахэр къызэрагъэпэщащ ХеящIэ приставхэм я федеральнэ IуэхущIапIэмрэ УФ-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ. 
 «Госпочта» Iэмэпсымэр къэбгъэсэбэпу уи уней кабинетым ущIыхьа нэужь, щIыхуэ птелъ-птемылъым теухуауэ суд приставхэм къыпхурагъэхьа хъыбарегъащIэхэр къыпIэрохьэ. А сервисыр щолажьэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми, Мэзкуурэ Санкт-Бытырбыхурэ яхэту. Нобэр къыздэсым зи гугъу тщIы Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэм щIэупщIахэм я бжыгъэр нэрыбгэ мелуни 109-м нос. 
 Псоми зэхуэдэу къагъэсэбэп къэрал Iуэхутхьэбзэм и IуэхущIапIэм иджыри Iэмал къыует Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ IуэхущIапIэм (ФССП) Iут къулыкъущIэм электрон IэмалкIэ лъэIу, упщIэ, къыщхьэщыжыныгъэ, тхьэусыхафэ хуэдэ дэфтэрхэмкIэ зыхуэбгъэзэну. Абы хеубыдэ гъащIэм узыщрихьэлIэ лъэпощхьэпо 30-м епха Iуэхутхьэбзэ лIэужьыгъуэхэр. Нобэр къыздэсым апхуэдэ зыхуэгъэзэныгъэкIэ а сервисыр къагъэщхьэпащ цIыъу I мелуанрэ 900-м. 
 Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIах электрон IуэхущIапIэм адрейхэм епсынщIэкIыу щолажьэ щIыхуэ зытелъ-Iызыхыжхэр щызэлъэIэс къудамэр. Апхуэдэ Iуэхухэм я процент 75-м нэсыр секунди 3-м и кIуэцIкIэ зэфIокI. Зи гугъу тщIы сервисым Iэмал къыует суд приставым уэ птеухуауэ къищта унафэм щыгъуазэ зыпщIынуи. Псалъэм папщIэ, уи мылъкум зыгуэр хагъэкIамэ, машинэр къызэрыбгъэсэбэп щIыкIэр ягъэмэщIамэ, къэралым уикIыну къыпхуамыдэмэ, е нэгъуэщIмэ. 
 Бжыгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, зи гугъу тщIы электрон Iэмалым зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ мин 35-рэ къыщIоупщIэ. Апхуэдэ щIыкIэу зэIэпаха лъэIу тхылъхэм я бжыгъэр мелуани 4, 4-м нос.        

 

ФССП-м и пресс-IуэхущIапэ.
Поделиться: