Спортым, щэнхабзэм республикэм зыщегъэужьыным йогугъу

Иджырей пятиборьем зыщыхуагъасэ спорт IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэ­гъуащ. Абы хухаха щIыпIэм лэжьакIуэхэм щIыр ухуэныгъэм щы­хуа­гъэхьэзыр, инженер коммуникацэхэр далъхьэ.

Комплексыр ящI «Демографие» лъэпкъ проектым и «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу. Ухуэныгъэм сом мелуан 270-рэ хухахащ, ар 2022 гъэм и дыгъэгъазэм яухыну я мурадщ.
Комплексым хэтынущ метр 42-рэ зи кIыхьагъыну, метр 24-рэ зи бгъуагъыну залышхуэ, езым и лъагагъынущ метрий нэхърэ мынэхъ мащIэ. Абы къикIыращи, унэм спорт лIэужьыгъуэ куэдми зыщыхуагъэсэ­фынущ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэри щрагъэкIуэкIыфынущ. Проектым апхуэдэуи хэтщ Iыхьийуэ гуэша, метр тхущI зи кIыхьагъыну псыгуэн, иджырей Iэмэпсы­мэхэм­кIэ къызэгъэпэща тренажёр зал, спорт нэща­нэуапIэ, комплексым екIуалIэхэм зыщагъэпскIыжыну, зытIэщIыпIэ-зыхуэпапIэ, нэгъуэщI пэшхэри.
Мыбы щаухуэнущ зи гъунэхэм къэжыхьыпIэхэр иIэну футбол джэгупIи. Абы зэIущIэхэм еплъыну къа­кIуэхэр зэрысыну трибунэхэри хэтынущ.
Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи зыщиплъыхьащ Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щащIыну щэн­хабзэ центрыр зыхуэзэну щIыпIэми. Ари 2022 гъэм ­къриубыдэу яухын хуейщ. Центрыр щIыным трагъэ­кIуэдэн папщIэ республикэм «Щэнхабзэ» лъэпкъ ­проектым хыхьэу къэрал бюджетым щыщу къы­хуаутIыпщащ сом мелуани 197-м щIигъу. Щэнхабзэ центрыщIэм хэтынущ цIыху 200 зэуэ зыщIэхуэну пэ­шышхуэр, къыщыфэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зы­щ­рагъэ­шэщI, артистхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, я фэилъхьэгъуэхэр зыщIэлъынухэр, нэгъуэщI пэшхэри, класс хэхахэр щылэжьэнухэри, щыгъын фIэдзапIэ­хэри. А унэр и архитектурэкIи къащхьэщокI республикэм и адрей ухуэныгъэхэм - абы удз гъэгъа теплъэ иIэу ящIынущ. «ЦентрыщIэм сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэм­-рэ Iэмал псори щаIэнущ я творческэ зэчийхэр къы­зыкъуахынымкIэ, унэтIыныгъэ куэдкIи заужьы­ным­кIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Iэтащхьэм ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм пщэрылъ ящищIащ унэщIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр тэмэму ­ящIыну икIи абыхэм къедза щIыпIэхэри зэIузэпэщу щытынми егупсысыну. «Дэ нобэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр едгъэкIуэкIым и закъуэкъым, атIэ абыхэм я хъуреягъхэри догъэдахэ, къалэр зэрыщыту зэIузэпэщ дощI», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ ­Казбек. КъимыдэкIэ, «Шынагъуэншэ икIи фIагъ ­лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым зи гугъу ящIа уэрамхэм я гъуэгухэр, лъэс зекIуапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, гъуэгу Iуфэхэр къагъэнэхунущ, абыхэм щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ.

Поделиться: