Тхыдэ куу зиIэ

ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ны­пым и махуэр ягъэлъапIэ.

Урысей бэракъым и тхыдэр жыжьэ, илъэс 310-кIэ узэIэ­бэ­кIыжмэ, къыщожьэ. 1705 гъэм щIышы­лэм и 20-м Пётр Езанэм унафэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха ­кхъухьхэм хужь-щIыху-плъы­жьы­фэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зы­­хуэдэнур тхылъымпIэм щри­тхъат, плъыфэхэр зэрызэкIэ­лъыкIуэ­нури гъэнэхуауэ. Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ фло­тым ейуэ къэ­гъуэгурыкIуащ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщ­хьэм и унафэкIэ ар Урысей Федерацэм и бэракъ нэхъыщ­хьэу къалъытащ. Абы ипэ­кIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэ­рэ уадэрэ зытет чэтэн плъы­жьы­фэрт.
Махуэшхуэм бэракъыр къа­Iэт УФ-м и гимныр къеуэу. Къэ­рал IэнатIэ Iутхэм я ­гуащIэм пэкIуэу дамыгъэхэр хуагъэфащэ. Апхуэдэуи, а ­махуэм Урысейм и щIыналъэ псоми пшыхь­хэр, спорт зэ­хыхьэхэр, флеш­мобхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI, къэ­рал дамыгъэм и мыхьэ­-нэр кърагъэлъагъуэу.
Ныпым и махуэм рекордхэр щагъэув щыIэщ. Псалъэм пап­щIэ, 2011 гъэм Шэшэным Урысейм щынэхъ ин дыдэ бэракъыр къыщаIэтащ. Ар Ойсхарэрэ ­Центаройрэ я зэ­хуакум хуэзэу, метр 300 и ­лъагагъыу фIадзауэ щытащ. Ныпым метр зэбгъузэнатIи 150-рэ къызэщIиубыдэрт. 2014 гъэм шы­щхьэуIум и 22-м ­Омск къалэри къэрал псом ­цIэ­рыIуэ щыхъуауэ щытащ ­автомашинэ 225-р я плъы­фэкIэ зэ­рызэкIэ­лъыкIуэн ­хуейм хуэдэу ягъэуву бэракъым и теплъэр къы­зэрагъэ­лъэгъуамкIэ.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: