Гъуэгухэр ухуэным, пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ хухаха ахъшэхэр етыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъуэгухэр ухуэным, апхуэдэуи Урысейм и Президент Путин Владимир игъэува социальнэ ахъшэхэр пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ республикэм щытыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ Урысейм и Президентым къыдигъэкIа указхэм тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ пенсионер мини 195-м хуэдизым зэ тыгъуэу сом мин пщIырыпщI зэраIэрыхьэнур. Ахъшэхэр фокIадэм и 2-м къыщыщIэдзауэ яхуэкIуэу хуежьэнущ. Апхуэдэуи Урысейм и Президентым къалэн къазэрыщищIам ипкъ иткIэ сом мин пщIырыпщI иратащ школакIуэ 135.338-м, абы сом мелард 1,3-рэ текIуэдащ. «Абы теухуа тхылъхэр иджыри къытIэрохьэ, ахъшэр зыхуэфащэу къалъытэхэм щэкIуэгъуэм и I пщIондэ иратынущ», - жиIащ премьер-министрым. Асанов Алим и гугъу ищIащ цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ нэгъуэщI социальнэ ахъшэхэми, IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрызэтеухуами.
Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ а Iуэхухэм адэкIи я нэIэ трагъэтыну: ахъшэ псори и пIалъэм икIи ирикъуу иратын хуейщ.
Гъуэгухэр ухуэным и гугъу щащIым къыхагъэщащ гъуэгухэр ухуэным трагъэкIуэдэну нэхъ пасэу къыхуаутIыпща мылъкум УФ-м и Правительствэм республикэм, нэгъуэщI щIыналъэ 23-м яхэту, сом мелуан 709-рэ мэрем кIуам къызэрыхущIагъуар. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ а ахъшэр километри 9,5-рэ зи кIыхьагъ Прохладнэ - Елъхъуэт автомобиль гъуэгумрэ Налшык къалэ къедза жылэхэм я гъуэгухэмрэ зэгъэпэщыжыным зэрытрагъэкIуэдэнур.
Ахъуэхъу Таймураз зэрыжиIамкIэ, зэрагъэпэщыжынущ къалэм хыхьэ щIыналъэхэм я гъуэгухэу Неделиным, Дзержинскэм, Цеткин Кларэ, Ахъмэтым я цIэхэр зезыхьэхэр, Батрэз, Ашэмэз, Тебердинскэ, Керамическэ уэрамхэм иIэхэр. Псори зэхэту мы илъэсым мардэм изагъэу Налшык къалэм зыхуей щыхуагъэзэнущ асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу зытралъхьэну гъуэгу 29-рэ. А лэжьыгъэхэм хэтщ гъуэгухэр къэгъэнэхунымрэ абыхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэща хъунымри ехьэлIахэр икIи ахэр илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ. Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым щIадзэнурэ Лениным, Кулиевым, ЩоджэнцIыкIум я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ, ахэр щатын хуей пIалъэу къагъэувыр 2022 гъэм и шыщхьэуIу мазэрщ. КъимыдэкIэ, Къэбэрдей уэрамым щыщ Iыхьэу Идарым и цIэр зезыхьэм щегъэжьауэ Налшык и дэкIыпIэм нэсыху, километри 4,6-рэ и кIыхьагъыу, гъуэгур зэрагъэпэщыжыну къапэщытщ. А лэжьыгъэхэри дызыхуэкIуэ илъэсым и шыщыьэуIу мазэм зэфIагъэкIынущ. Гъуэгум и щхьэфэр къагъэщIэрэщIэжынущ, гъуэгур лъэныкъуитIу зэпызыгъэщхьэхукIхэр дагъэувэнущ, къэгъэшыпIэхэр, лъэс зекIуапIэхэр, жылагъуэ транспортым и къэувыIэпIэхэр, уэшхыпс жапIэхэр хуащIынущ, светофорхэр, уэрамхэр къызэрагъэнэхуну Iэмэпсымэхэр щагъэувынущ.
ДыщэкI Аслъэн къыхигъэщащ щыIэ мардэхэм изагъэу мы гъэм республикэм псори зэхэту гъуэгу километри 160-рэ зыхуей зэрыщыхуагъэзэнур. Илъэсыр къызэрихьэрэ республикэм гъуэгухэр ухуэным тригъэкIуэдэну къыIэрыхьащ нэхъапэм зэи кърамытам хуэдиз мылъку - сом мелардрэ ныкъуэм щIигъу къыхуаутIыпщащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм жиIащ гъуэгухэр щаухуэну щIыпIэхэр щаубзыхукIэ цIыхухэм уэрамхэм я щытыкIэм теухуауэ къагъэлъэгъуа я Iуэху еплъыкIэхэри, гуныкъуэхэри къэлъытэн зэрыхуейр. «Гъуэгухэм апхуэдиз лэжьыгъэ щыщебгъэкIуэкIкIэ, республикэм щыпсэухэми абы и хьэщIэхэми гугъуехь гуэрхэм зэрыIууэнур дэ къыдгуроIуэ, ауэ дыщогугъ абыхэм дызэхащIыкIыну икIи зэфIэмыхьэныгъэхэм ахэр бэшэчу хущытыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр лъэсырызекIуэхэри автомобилистхэри щызэблэкIыным сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ, тыншыпIэ псори къыщызэгъэпэщауэ щытынущ», - къыхигъэщхьэхукIащ абы. Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм къалэн ящищIащ яукъуэдий гъуэгухэм я фIагъымрэ ахэр щатын хуей пIалъэмрэ, апхуэдэуи ахэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр гъэувыным зэпымыууэ я нэIэ трагъэтыну.
ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ Къэрал гъуэгухэмкIэ управленэм къыбгъэдэкIыу тхыгъэ къызэрыIэрыхьар. Абы къыщыгъэлъэгъуащ «Кавказ» трассэм хыхьэхэу Аргудан щегъэжауэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и гъунапкъэм екIуалIэ, къимыдэкIэ, Дзэлыкъуэкъуажэ – Къубэ-Тэбэ къуажэхэм я зэхуакухэм гъуэгухэр щыукъуэдииным теухуа лэжьыгъэхэм пэщэжыным арэзы зэрытехъуэр. Лэжьыгъэхэм зэман гъунэгъум щIадзэнущ.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: