Сабийхэр интернетым щыхъумапхъэщ

 ЩIэх-щIэхыу ди нэгу щIэкI теплъэгъуэхэм язщ сабийр зэрыгъым къыхихыу, анэм пIащIэу абы телефоныр зэрыIэщIилъхьэр. Зэман докIри, иджыри зи акъылыр мыжэпхъа ныбжьыщIэр балигъхэм я дунейм егъэгужьей, и гупсысэм хузэмыгъэзахуэ теплъэгъуэхэм нобэ зи цIэр дымыщIэ узыфэхэр хех. Дауэ апхуэдэ сабийхэм уазэрыдэIэпыкъунур? А упщIэм жэуап ирет «РИА-КъБР» хъыбарегъащIэ IэнатIэм и корреспондентыр псэлъэгъу зыхуэхъуа, Зэчий зыбгъэдэлъ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэм ПсихологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Апажэ Валерэ Борис и къуэм. 
 - Иужьрей зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, Кавказым хуэмыфащэ хьэлрэ дуней тетыкIэрэ ядыдолъагъу къыдэкIуэтей щIэблэм. А псоми къежьапIэ яхуэхъур сабий акъылым хузэмыгъэзахуэ, зэхэдз зимыIэ хъыбарыщIэхэр интернетым бжыгъэншэу къазэрытрикIутэрщ. Нэхъыжьхэри курыт ныбжьым итхэри нэгъуэщI лъэхъэнэщ зыхапIыкIар. Дэ унагъуэм, уэрамым, школым дигъасэу щытащ. Иджырей сабийхэр интернетым къипсэлъыкI цIыху меларди 7-м ягъасэ. Иджыри гу зылъытапхъэщ 2000 гъэм иужькI э къалъхуа сабийхэм я щхьэ куцIыр нэхъыфIу зэрылажьэм. «Z» лъэхъэнэм хиубыдахэр хужаI абыхэм. Апхуэдэхэм я дежкIэ бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэмрэ Iэмалхэмрэ гъащIэм къыпхухэмыхын Iыхьэщ. Мазихым щегъэжьауэ лэжьэн щIедзэ абыхэм я щхьэ куцIым и лъэныкъуитIми. Зыри къыкIэлъымыплъу интернетыр хуит зыхуащIа сабийм къыщыщIыр махуэ къэс жыхуаIэм ещхьу ди нэгу щIокI. Я ныбжьым хуэфащэ зыужьыныгъэ зэримыгъуэтым къыдэкIуэу, узыщышынапхъэу Iуэхугъуитху щыIэщ: 
- сабийр интернетым зиукIыжыныгу зэрищIыр, ар и хьэлым къызэрыхэщыр; 
- интернетымкIэ наркотикхэр зэрызекIуэр, 
- ЛГБТ (мыхъумыбз) зэгухьэныгъэхэм я гупсысэкIэр къазэрылъэIэсыр; 
- егъэджэныгъэм епха Iуэхугъуэхэр пасэрейуэ, зэманым къыкIэрыхуауэ къалъытэу, абы пэщIэувэну зэрытегушхуэр; 
- игъащIэ лъандэм цIыхум къыдекIуэкI гъэсэныгъэ Iэмалхэм лэжьэн зэрыщагъэтымрэ адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку гъунапкъэ задэ къызэрыдэувэмрэ; 
 А псори ди гъащIэм интернетым къыхихьащ. Ахэр хуабжьу бгъэIуну иджыри хабзэ хъуакъым, ауэ утемыпсэлъыхь щхьэкIэ, бэлыхьыр нэхъ мащIэ хъуркъым. 
 Иужьрей мазихым и кIуэцIкIэ адэ-анэ 800-м нэсым зыкъытхуагъэзащ хъыбарыбэ мыхъумыщIэм зэтрихуа я сабийхэм далъагъу гузэвэгъуэм къыдашэлIауэ: заукIыжыну хуейхэу, хъулъхугъэ-бзылъхугъэ, щIалэ -хъыджэбз зэхэдзыр къэтIэсхъауэ, жылагъуэр ялъагъу мыхъуу, еджэну хуэмейхэу, жеймрэ шхэнымрэ зэтрамыухуэжыфу. Апхуэдэ сабийхэр биороботым хуэдэу тетщ дунейм, фIымрэ Iеймрэ зищIысыр къагурымыIуэжу, гъащIэм ягу щыкIауэ. Къуажэ пхыдзам дэсри къалэдэсри зэхуэдэщ а лъэныкъуэмкIэ, интернет псынщIэ здэщыIэ щIыпIэ псори зэщхьщ. 
Къэралым зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр цIыхубэ гъащIэм зэран хуэхъункIи зэрыхъунур къыгурыIуэу, ахэр гъэзэкIуа зэрыхъуну щIыкIэм егупсысын хуейщ. Абы защIигъэкъуэн хуейщ узыншагъэм, туризмэм, спортым ехьэлIа, лъахэхутэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэм, щIалэгъуалэр мыхъумыщIагъэм щыхъумэныр къалэн зыщызыщIыж зэгухьэныгъэхэм. Сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ я пащхьэ къиувэ лъэпощхьэпохэр IуагъэкIуэтынымкIэ уадэIэпыкъумэ, ахэр узыншагъэм, егъэджэныгъэм, жылагъуэ гъащIэм зэран хуэхъункIи хъуну нэхъ Iуэху шынагъуэхэм щыпхъумэу аращ, щIэпхъаджагъэр бгъэмащIэу аращ. 
НобэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, республикэм къэралым и нэIэ щIэту ПсихологиемкIэ центр диIэкъым. Сабий зэчиифIэхэм я уардэунэм и закъуэщ зэкIэ психологиемкIэ IуэхущIапIэ, цIыхуибл хъууэ, щылажьэр. «Сафийя» сабий нэгузегъэужьыпIэ центрри дэIэпыкъуэгъу хъуфынущ. Школхэмрэ щIэныгъэ щрат еджапIэхэмрэ психологхэр щыIэщ, ауэ абыхэм щIэныгъэ нэгъэса иIэу куэд яхэткъым, сабийхэм зэрадэлэжьэн Iэмалхэри къомэщIэкI. 
Сэ шэч къытесхьэркъым сабий Iей зэрыщымыIэм. ЩыIэр гъэсэкIэ зымыщIэ балигъщ. Ди щIалэгъуалэм я нэхъыбэри фIыщ, дахэщ, ущIэгушхуэнщ. Сыщогугъ нэхъыжьхэм ди деж къахьэса сабий гъэсэкIэр зэманым зэрыдедгъэкIун Iэмалхэр хуэмурэ тхузэгъэпэщыну.  
 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: