Топджэгу, гъэсакIуэ икIи щIэныгъэлI Iэзэ Наурзокъуэ Юрэ

Налшык и «Спартак»-м и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы Наурзокъуэ Юрэ и ныбжьыр мэлыжьыхьым и 5-м илъэс 80 ирокъу. Къэралпсо утыку ихьэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр къыщызэрагъэпэщым ар япэу ирагъэблэгъащ, абы и тренер нэхъыщхьэуи тIэунейрэ щытащ. ИужькIэ щIэныгъэм зритри экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхутэныгъэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ.

Налшык щыпсэу Наурзокъуэ Хьэмзэт и унагъуэм 1939 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м щIалэ цIыкIу къралъхуащ. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ гъащIэ хьэлэмэт ирихьэкIыну и натIэм къритхат абы. И жыджэрагъымкIэ адрей сабийхэм къахэщ Юрэ топ джэгуным пасэу зыхуигъасэу щIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зэфIэкI лъагэ зэриIэр наIуэ хъуащ. Абы и ныбжьыр илъэс пщыкIутху ирикъуа къудейт Налшык и «Спартак»-м и балигъ командэм хагъэхьэу РСФСР-м и «Ипщэ» гупым джэгун щригъэжьам. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам ираджэри, Совет Союзым и чемпионатым хэтащ. А илъэс дыдэм Мэзкуу и «Динамо»-м ирагъэблагъэри, ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ мыгувэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
- 1959 гъэм СССР-м футболымкIэ и «Б» классым Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр хэтыну хуит щащIым, щIалэхэр зэхуашэсу щIадзащ. Сэ Москваи, Грозни, Таганроги сыщыджэгуауэ Iуэхум нэхъ сыхэзэгъати, «Спартак»-м хэтынухэмкIэ чэнджэщэгъу сащIащ, - къыщызжиIауэ щытащ Наурзокъуэ Юрэ ди республикэм и командэ нэхъыщхьэр игъэсэну и пщэ иралъхьауэ 1994 гъэм Кърымым къикIыжауэ сыщепсэлъам. - ЗанщIэу сигу къэкIыжащ Тырныауз щыщ Шурэ - абы теухуауэ арат сщIэр, и цIи, и унэцIи сыщыгъуазэтэкъым. Илъэс ипэкIэ, 1958 гъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и кубокыр къэхьыным и финалым щызэхуэзат сэ сызыхэт Налшык и «Лы комбинатымрэ» Тырныауз и «Металлург»-мрэ. Джэгур хуабжьу гуащIэ хъуат. Ди хьэрхуэрэгъухэм ящыщу егъэлеяуэ гугъу дригъэхьырт «Шурэ»-кIэ зэджэ щIалэщIэ зыIэщIэлъым. ЗыкъомкIэ абы и зэранкIэ зэIущIэр 3:4-уэ тфIахьэхуат, 3:0-у япэ дита пэтми. ДыщIэупщIэIуэри, ар Iэпщэ Александрт, шахтым щылажьэ щIалэт. ЯжесIэри, Налшык и «Спартак» командэм ирагъэблэгъащ икIи абы дэрэ зы пэш дыщIагъэтIысхьэри, згъэсэну икIи сыкIэлъыплъыну си пщэ къыдалъхьащ.
Арати, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ япэ дыдэу союзпсо утыку щызыхъумэнухэм адыгэу Iэпщэ Александр сэрэ дыхагъэхьащ, иужькIэ гъуащхьэтет Алий Руслан гъусэ къытхуэхъуащ. КъищынэмыщIауэ ди щIыпIэм къыщалъхуауэ къытхэтт Николаенкэ Владимир, Жулюкин Виктор, Туаев Къазбэч сымэ. Дэтхэнэми тлъэкI къэдгъэнакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр тIэтын, футболым и лъабжьэр ди деж щыдгъэтIылъын папщIэ.
ИлъэситхукIэ Налшык и «Спартак»-м щыджэ­гуащ Наурзокъуэ Юрэ. А зэманым къриубыдэу зэIущIи 109-м хэтащ икIи, гъуащхьэхъумэу щыт пэтми, 12-рэ я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр хигъэщIащ. Командэм къыдыхэтхэр абы «джыназ»-кIэ къеджэрт, и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ дихьэхауэ.
Топ джэгуным къыхэкIыжа иужькIэ, Юрэ щIэныгъэм куууэ зритащ. 1969 гъэм ар аспирантурэм щIэтIысхьащ икIи экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. Наурзокъуэр хуабжьу дихьэхащ къэхутэныгъэхэм икIи иджыпсту дызыгъэгузавэ ятIэпсыр бгыхэм къызэрыщыщиудым пэщIэтынымрэ псыкъиухэр къызэтегъэувыIэнымкIэ IэмалыфIхэр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патентхэр мыгувэу къратащ.
АрщхьэкIэ и псэм фIыуэ илъэгъуа топджэгум ар зэи къиутIыпщакъым. 1976 гъэм Совет Союзым футболымкIэ и япэ лигэм щытыкIэ гугъум щихуа Налшык и «Спартак»-р и IэмыщIэ къралъхьащ.
Наурзокъуэ Юрэ и унагъуэр дэщIыгъуу, илъэс зыбжанэ хъуауэ Кърымым щыIэщ. Адыгэхэр а хытIыгу ныкъуэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыпсэуам щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэр абы иригъэкIуэкIащ, а щIыпIэм и фIэщыгъэцIэхэр (топонимикэр) куууэ иджыурэ.
1985 гъэм щыщIэдзауэ илъэсийкIэ зэкIэлъхьэужьу Юрэ и тренер нэхъыщхьэу щытащ Феодосие и «Море» командэм. 1994 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Налшык и «Спартак»-р игъасэу ­хуежьащ. Абы и унафэм щIэту ди щIалэхэм зыхэт етIуанэ лигэм и «КъуэкIыпIэ» гупым ещанэ увыпIэр щаубыдащ, Воронеж и «Факел»-мрэ Краснодар и «Колос»-мрэ очкоитI-щыкIэ фIэкIа къакIэрымыхуауэ. Езыр щымыIэжами, Наурзокъуэм игъэтIылъа лъабжьэ быдэр сэбэп хъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым налшыкдэсхэм япэ лигэм ягъэзэжынымкIэ.
1999 гъэм Наурзокъуэ Юрэ и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Украинэм и лигэ нэхъыщхьэм щыджэгу Кърымым и командэ нэхъыфI дыдэ Симферополь и «Таврия»-м. Абы куэдрэ зыщиIэжьакъым икIи Адмирал Макаровым и цIэр зезыхьэ Кхъухьхэр ухуэнымкIэ лъэпкъ университетым Феодосие щиIэ политехникэ институтым и доценту лэжьапIэ уващ.
Совет Союзым, Урысей Федерацэм, Украинэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я футболым лъэужь дахэ къыщызыгъэна Наурзокъуэ Юрэ нобэми хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI спортми щIэныгъэми. Кърымым щыпсэуми зыщигъэгъупщэркъым щалъхуа адыгэ хэкур икIи, Iэмал иIэ зэрыхъуу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэж. Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ къищынэмыщIауэ, псом хуэмыдэу абы зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ топджэгу иным хишауэ щыта Iэпщэ Александр и унагъуэм, футболым къыдыхэтахэм, гъащIэм ныбжьэгъу къыщыхуищIахэм. Узыншэу, гукъыдэжрэ насыпрэ щымыщIэу Тхьэм иджыри илъэс куэдкIэ дунейм тригъэт!

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: