Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№252-ПП
2021 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №184-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн. 
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
и УнафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КЪУНЫЖЬ  МуIэед

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу ягъуэтыным теухуа къэрал программэу 2021 гъэм, апхуэдэуи 2022, 2023 гъэхэм ятещIыхьам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№266-ПП 
 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу ягъуэтыным теухуа къэрал программэу 2021 гъэм, апхуэдэуи 2022, 2023 гъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №303-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн. 
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ  Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа Унафэ №296-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№269-ПП 
 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Ветеранхэм, ныкъуэдыкъуэхэм, сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ унагъуэхэм псэупIэ къызэращэхун субсидиехэр зэрыхухах щIыкIэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа Унафэ №296-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ  Алий

Поделиться: