Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Экономикэ зыужьыныгъэмрэ щIэм тет экономикэмрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№270-ПП 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м Налшык къалэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Экономикэ зыужьыныгъэмрэ щIэм тет экономикэмрэ» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м къыдигъэкIа унафэ №232-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Иджырей къалэ кIуэцI» и къэрал
программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№274-ПП

 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Налшык къалэ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Иджы¬рей къалэ кIуэцI» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм шыщхьэуIум и 31-м къыдигъэкIа унафэ №156-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыныр, мэкъумэшхэкIхэр, аерыскъыпхъэхэр зэрыщызэблагъэкI щIыкIэр зэтеухуэныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№276-ПП 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Налшык къалэ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыныр, мэкъумэшхэк1хэр, аерыскъыпхъэхэр зэрыщызэблагъэкI щIык1эр зэтеухуэныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №181-ПП-мк1э къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэк1ыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI                 МУСУКОВ Алий

 

Поделиться: