Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказИлъэси 8-м щегъэжьауэ илъэс 17-м нэс зи ныбжь сабийм мазэ къэс ахъшэ хухэхыныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ «Сабий зиIэ унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ яхухэхыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2022 гъэм гъатэпэм и 31-м къыдигъэкIа Указ №I75-р гъэзэщIэн мурадкIэ унафэ сощI: 1.«Сабий зиIэ унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ яхухэхыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2022 гъэм гъатхэпэм и 31-м къыдигъэкIа Указ №I75-м ипкъ иткIэ илъэси 8-м щегъэжьауэ илъэс 17-м нэс зи ныбжь сабийм мазэ къэс ахъшэ хухэхыныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщызэгъэпэщынымкIэ полномочиехэр Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым етын. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хуэгъэувын: а) мазэ къэс ахъшэ тыным текIуэдэну финансхэр 2022 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым илъэс къэс къыхигъэкIын зэрыхуейр къилъытэну; б) мазэ къэс ахъшэ тынымкIэ полномочиехэр игъэзэщIэн мурадкIэ Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым и бюджетым субвенцэ щIыкIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и ахъшэ етыным теухуа зэгурыIуэныгъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр Урысей Федерацэм и Пенсэ фондымрэ зращIылIэну; в) илъэси 8-м щегъэжьауэ илъэс 27-м нэс зи ныбжь сабийм мазэ къэс ахъшэ етынымкIэ Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къищта унафэ №630-м иубзыху хабзэмрэ Iуэху нэхъыщхьэхэмрэ я лъабжьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мазэ къэс сабийхэм ахъшэ зэрыщрат щIыкIэр зыгъэбелджылы хабзэ мардэхэм я проектхэр гъэхьэзырыныр къызэригъэпэщыну, а хабзэ мардэхэр и пIалъэм къриубыдэу къащтэнымкIэ зыхуей псори зэфIигъэкIыну. г) «Сабий зиIэ унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ яхухэхыным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2022 гъэм гъатхэпэм и 31-м къыдигъэкIа Указ №175-м 7-нэ пунктым и б» пункт къуэдзэм къигъэувхэр 2022 гъэм накъыгъэм и 1-м фIэмыкIыу гъэзэщIа хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр, абыхэм я унафэм щIэт IуэхущIапIэхэр адрей къэрал органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, абыхэм я унафэм щIэт организацэхэм ядэлэжьэныр къызэригъэпэщыну. 3.Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м 37-УГ
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|