Календарь событий

28 августа 2022

Ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр

Гуэл щхъуантIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIы­пIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ, хьэщIэу къакIуэр дихьэхрэ ди цIыхухэм гупсэхугъуэ щагъуэту. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.
 

ПщIэрэ нэмысрэ зыхэлъ сэлэт

Къэралым дзэ къулыкъу хуэ­щIэныр икъукIэ жэуаплы­ныгъэш­хуэ зыпылъ къалэнхэм ящыщ зыщ икIи пщIэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Мы махуэхэм ди Хэкум и щIыпIэ куэдым ар щрахьэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и­кIа ди лъэпкъэгъухэм. ТIуа­щIэу гуапэ мэхъу ахэр зыхэхуа гупхэм ­къахэжаныкIыу, пщIэрэ нэмыс­рэ къыщагъэлъагъуэу хъыбар къыщытIэрыхьэм деж.

Шэджэм си гум къинэнущ

Пензэ областым хыхьэ «Сурские просторы» газетым щолажьэ нобэ зи IэдакъэщIэкI дыкъеджэ Соковэ Ольгэ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту, Ольгэ зригъэлъэгъуащ Шэджэм псыкъелъэхэр. Игу къинэжахэр езым и псалъэкIэ къыдоIуэтэж:

Бэр зышхар

А лъэхъэнэм нэчыхьытх ягъа­кIуэр лIы зыбгъупщIт. ПщыкIущым щIигъуамэ, емыкIущ апхуэдиз бгъэкIуэну, жаIэрт. Гъэмахуэ­мэ - шыгукIэ, шитI щIэщIауэ, щIымахуэмэ - шы IэжьэкIэ. Зытесыну мэкъур иралъхьэрт, щIакIуэхэр трагъэубгъуэжырти, я лъакъуэхэр ибгъумкIэ едзыхыжауэ, уэршэру е уэрэд къыхадзэурэ, и псалъэ­хэр зыщIэм «нокIуэ!» жраIэу, зэпа­дзыжурэ, гъуэгум «пкIэлъей» ирадзырт.

Къыддеджахэм дрогушхуэ

Тыншкъым илъэситхукIэ ды­зэдеджауэ, иужькIи куэдрэ дызэхуэзауэ, фIыуэ дызэры­лъагъууи щытауэ, иджы мып­сэужхэм уатетхыхьыну. Ауэ дэ нэгъуэщIу дегупсысащ а Iуэхум.

ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ и хьэ­щIэхэмрэ йохъуэхъу дызыпежьэ ма­хуэш­хуэхэмкIэ - ЩIэныгъэм и махуэмкIэ, Налшык къалэм и махуэмкIэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэр ­илъэси 100 зэрырикъумкIэ - икIи къы­ху­реджэ набдзэгубдзаплъэу щы­тыну, терро­риз­мэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэзэщIэну:
– къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъу­ныр къызрикIуэнкIэ икIи къызэхуэсахэмкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъуну Iуэху фымылэжь;
– автотранспортыр абы хухэха щIы­пIэхэм щывгъэув;