Календарь событий

18 июня 2023

ЩIыуэпсым и щэнхабзэ телъыджэ

Мэкъуауэгъуэм и 14-м Налшык  ще­кIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней­псо Адыгэ Академием къызэ­ригъэпэща щIэныгъэ зэIущIэ. «Зи хуэдэ щымыIэ адыгэ уэщIкъэхъугъэ (экологие) щэнхабзэ» зыфIаща Iуэхугъуэм хэтащ ЩIДАА-м и академикхэр, Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым и лэжьа­кIуэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIэныгъэлIхэмрэ.
 

ЗэIущIэр къызэIуихащ ЩIДАА-м и япэ вице-президент, философие щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор, Гуманитар къэ­хутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм       и институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм: 

Адыгэ хэку укъыщыхута хуэдэт

Мэкъуауэгъуэм и 9-м щегъэжьауэ 12 пщIондэ Санкт-Петербург щекIуэкIа «Иппосфера» XXIV дунейпсо шы гъэлъэгъуэныгъэм Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 18 хэтащ. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIалэхэр АР-м и Шу хасэм зэхуишэсри, адыгэшыр екIуу щагъэлъэгъуащ мы зэхыхьэм. Шу хасэм и тхьэмадэ Тхьэпщокъуэ Альберт зэрыжиIамкIэ, зэкъуэш республикэхэм щыщ щIалэхэр зэхы­хьэри, яшхэр яшащ Санкт-Петербург. Адыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щыщу шы щырыщ, Краснодар крайм щыщу зы, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ тIу хэтащ гъэлъэгъуэныгъэ иным.