Календарь событий

10 июня 2023

Зыужьыныгъэм и шэсыпIэхэм хохьэ

УФ-м и Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм дызэрыт илъэ­сым къриубыдэу щызэфIагъэкIа Iуэхугъуэхэм иджыблагъэ тепсэлъыхьащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ IэнатIэм КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэнрэ. 

ТрилъэсыкIа гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Мусуков Алий иригъэкIуэкIа КъБР-м и Прави­тельствэм и зи чэзу зэIущIэм, и къуэ­дзэхэу Говоров Сергей, Хъубий Марат, Къуныжь МуIэед къи­щы­нэмыщIауэ, кърихьэлIат республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и ­Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ ­Ищхъэрэ ­Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор ­нэхъыщхьэ ­Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим сымэ. 

Псы къыщIэшыпIэ нэхъыщхьэр къагъэкъэбзэж

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 6 - 7-хэм щыIа уалбанэшхуэхэм я зэранкIэ Налшык, ПсыкIэху псыхэм зыкъаIэтауэ щытащ.

Зэрырагъэжьам хуэдэу псын­щIэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео­конференц IэмалкIэ къызэрагъэпэща, ­УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комис­сэм и Президиумым и зэхуэсым. ЗэIущIэр ири­гъэ­кIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Тонни 120-рэ ирагъэшащ

Херсон, Белгород областхэм щыпсэухэм папщIэ тонни 120-рэ хъу псапэ хуэIухуэщIэхэр ирагъэшащ мэкъуауэ­гъуэм и 8 -м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ. Абы хохьэ псы къабзэ, япэу узыхуэныкъуэ, зэрызагъэ­къабзэхэр, ерыскъыхэкIхэр, къинэмыщIхэр. ЩIэпхъа­джащIэхэр зытеуа Белгород областым щыщхэм хура­гъэшар къызыбгъэдэкIыр «Урысей зэкъуэт» партырщ.