|
Календарь событий
23 июня 2023
23 июня, 2023 - 17:00
«Къуажэхэм зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Псыхъурей жылэм ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ щаухуэ, сабий садыр зыхуей щыхуагъазэ.
Мы зэманым а тIуми зэгъусэу унэ кIуэцI лэжьыгъэхэм щыпэрыуващ. Абы къыдэкIуэу щIэкIэ яхъуэжынущ унащхьэр, ток кIапсэхэр, унэ лъэгухэр, унэр къызэрагъэплъ Iэмэпсымэхэр.
Къатхъэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгур зэрагъэпэщыжащ, иджыпсту къэухьхэр ягъэув. жылэдэсхэм я лъэIукIэ къуажэм дэт къулыкъущIапIэхэм екIуалIэу лъэс лъагъуэщIэ яухуэнущ.
23 июня, 2023 - 16:35
IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ (рационализаторхэмрэ) Iэмалхэм зезыгъэубгъухэмрэ (инженерхэмрэ) я махуэр мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтым ягъэлъапIэ.
23 июня, 2023 - 16:35
Урысейм и КъухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ щIыналъэхэм щыпащэ батыргъэн удзым ебэныным теухуауэ къэралым къыхилъхьа Iуэхум.
23 июня, 2023 - 15:54
- Беслъэн, ХьэтIэхъу, Мысост – зэшхэт, Къасокъуэхэ я къуэхэт, - жиIэрт Хьэрис и къуэ Бэч, Дамыгъэжь бгыжь и деж лэгъуп щызэфIищIэм. - А зэшищыр лIыгъэншакъым, уэрэ сэрэ кIэсу дахьынкIи хъунт. ЗекIуэлIхэт, щакIуэ бланэхэт. Я нэр зытеплъэр я фочышэ былымт, шыкъулътырым хуэдэу лъэ быдэхэт. ЦIыхулъэ здынэмыса быдапIэхэр я щакIуапIэ-зекIуапIэт. Уи ныбжь ситынт, си щIалэ, Мысост и цIэр зезыхьэ мы Дамыгъэжьым и хъыбар ди хьэщIэщым щаIуэтэжу сыщедэIуам.
23 июня, 2023 - 15:54
Ерыскъым и IэфIагъыр…
Къэбэрдей-Балъкъэрым щакIуэ къэкIуауэ ирагъэшха джэдлыбжьэр игу ирихьати, Хрущев Никитэ щIэупщIат ар зэрагъэхьэзырым. ЕдэIуа иужь, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, жиIащ:
-А къомыр хэплъхьэрэ апхуэдизрэ зебгъэлIалIэмэ, мывэри IэфI хъунущ.
А ерыскъы лIэужьыгъуэр изагъэртэкъым СССР-м и унафэщIым совет цIыхухэм сыт щыгъуи яхуигъэтIыгъуэ «пуду, куэду, псынщIэу» пщалъэхэм.
ДэнэкIэ здэщыIэр?!
23 июня, 2023 - 15:00
Иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ гъэмахуэ зэманым техьэжын хуейуэ. Апхуэдэ хъыбар Telegram-каналымкIэ игъэIуащ КПРФ-м и депутат Матвеев Михаил. Абы зэрыжиIэмкIэ, гъатхэпэ мазэм и кIэхэм зэманыр зы сыхьэтк1э ипэкIэ еIуэнт1экIыпхъэщ. «Абы теухуа законым и проектым дыхэплъэнущ мэкъуауэгъуэм и 21 –м», - къыхигъэщащ Матвеевым.
23 июня, 2023 - 14:55
КъБР-м и консерв заводхэм джэшхъурейм елэжьын щIадзащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и сайтым.
Джэшхъурейр ди щIыналъэм нэхъ пасэу щыIуахыж къэкIыгъэхэм ящыщщ. Мы зэманым джэшхъурейуэ банкI мелуан 11-м нэблагъэ КъБР-м и консерв заводихым ягъэхьэзыращ. Абы дяпэкIи къахэхъуэнущ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ, зи гугъу тщIы къэкIыгъэр консерв заводхэм къегъэбыдыл1а щIы Iыхьэхэм я лэжьакIуэхэм езыхэм къыщагъэкIыж, Iуахыж, апхуэдэуи, ягъэфIэIуж. Мы гъэм джэшхъурейр трасащ гектар мини 5-м нэблагъэм. Ар нэгъабэ ящIам хуэдиз дыдэщ.
23 июня, 2023 - 14:55
Ди республикэм и агропромышленнэ комплексым увыпIэшхуэ щызыубыд хадэхэкIхэм ящыщщ кIэртIофыр. Дэ езым ди жылапхъэфIхэр диIэжу нобэм дыкъэса пэтми, иужьрей илъэсхэм тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къраш лIэужьыгъуэхэм дащрохьэлIэ. Ди щIыналъэм къыщыкIам ахэр, дауи, ялъэщIыхьэркъым я IэфIагъкIи, я хьэлыуагъкIи, ауэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дыхуей-дыхуэмейми, кIэртIоф лIэужьыгъуэщIэхэр къежьэнущ. Абы тегъэщIапIэ хуохъу дунеймрэ щIыуэпсымрэ ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр, нэхъапэхэм щымыIауэ къежьэ, ар зышх хьэпIацIэхэр.
23 июня, 2023 - 14:15
Мы хытIыгур куэд щIауэ ящыщщ дунейм и «щIыпIэ пщтырхэм». Абы и закъуэкъым - ар уващ зи экономикэр ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщ США-мрэ Китаймрэ я зэхущытыкIэхэр егъэлеяуэ зэщIэзыгъэплъа щIыналъэу икIи, уеблэмэ, ахэр къарукIэ зэпэщIэувэнкIэ шынагъуэщ. ЗэкIэ Вашингтон зэтезыIыгъэр Украинэм щекIуэкI Iуэхухэрщ: абы къытехьэлъэнущ зэуэ лъэныкъуитIми япэщIэтыныр. Языныкъуэ политикхэм зэрыжаIэщи, «Урысейр иухмэ, КъуэкIыпIэмкIэ кIуэнущ». АрщхьэкIэ иджы езы американхэми шэчышхуэ къытрахьэ хъуащ ар зэрахузэфIэкIынум: США-м къехъулIакъым Урысейм къыхуимурадахэм ящыщу зыри.
23 июня, 2023 - 14:00
Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и Министерствэм и сайтым къралъхьащ 2024 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэу (щэбэтхэмрэ тхьэмахуэхэмрэ нэмыщI) цIыхухэм яIэнум теухуа хъыбар.
ИлъэсыщIэр къызэрихьэр ягъэлъэпIэнущ 2024 гъэм щIышылэм 1 - 8 махуэхэм - цIыхухэр дагъэсынущ. Ауэ абы 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщыщIэдзауэ зэрыщысынур хэплъхьэжмэ, махуэ 11 хъунущ.
23 июня, 2023 - 13:31
СтIолыщхьэ теннис
Ростов къалэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ «Донская ракетка-Триада» зыфIаща зэхьэзэхуэр. Стариков Василий и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ 17-м къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэр къыхэжаныкIащ абы - «Кавказские орлы» щIалэ гупым япэ увыпIэр къахьащ. «Дружина» хъыджэбз гупым дыжьын медалыр зыIэрагъэхьащ.
23 июня, 2023 - 13:31
Шакъэ нэхъ пасэрей дыдэр археологхэм къыщагъуэтыжауэ щытащ Мысырым. Ар къыхащIыкIырт папирусым и сахуэмрэ балий-кIарц зэхэгъэвамрэ. Апхуэдэ шакъэм и ныкъусаныгъэт, ар гъуща нэужь, тхылъымпIэм къызэрыкIэрыщэщыжыр. Пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ цIыху къызэрыгуэкIхэр иритхэну щыхуиту щытакъым шакъэ плъыжькIэ. Ар къэзыгъэсэбэпыр къулыкъущIэхэрт. Шакъэ плъыжьыр къыхащIыкIрт киноварымрэ (джынасум и минералщ) пурпурымрэ. Шакъэ фIыцIэр зэхэпщIэну нэхъ тыншт. Ар къыхащIыкIырт жызумыпкъым, кIэгъуасэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм я купкъым.
23 июня, 2023 - 13:22
Япэрей компьютер зэпыщIэныгъэхэр (сеть) 1960 гъэм къэунэхуу щIадзащ. Ди зэманым псори дызэса интернетыр абы щыгъуэ щыIэтэкъым. ИкIи ар къызытехъукIыжар ARPAnet зэпыщIэныгъэрщ. 1970 гъэхэм ARPAnet-м къудамэ15 къыхэкIырт. Къэунэхуащ электрон пощтри. 1971 гъэм «@» дамыгъэр e-mail-м пащIащ. Томлинсон Рэй япэ пощт клиент зэригъэпэщащ, TENEX системэм и гъусэу.
23 июня, 2023 - 13:00
Атлетикэ псынщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Добренский Александр Чувашием атлетикэ псынщIэмкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъэгъуащ. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Чувашием и япэ олимп чемпион Игнатьев Ардалион и фэеплъу.
А зэхьэзэхуэм хэтащ УФ-м, Беларусым къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ. Диск дзынымкIэ зэпеуэм хэта Добренскэм домбеякъ медалыр къихьащ. Абы метр 56,35-кIэ дискыр идзащ.
Спортсменыр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Артамонов Артур.
БэнэкIэ хуит
23 июня, 2023 - 12:33
Мэкъуауэгъуэм и 23, мэрем
Дунейпсо Олимп махуэщ
ООН-м къэрал къулыкъу щыщIэным и дунейпсо махуэщ
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэмыргуей Валентин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 25-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ.
|