Календарь событий

14 июня 2023

ЩэуапцIэ

ЛIыжь гуэрым зы къуэ иIэт, ЩэуапцIэ жари. ЗекIуэ ежьэнуи гъуэгу техьэнуи и ныбжь нэсатэкъым ЩэуапщIэ. ЩIалэщIэт, щIалэщIэми, лIы къызэрыхэкIынур фэуэ тетт. И адэм и гуапэ хъунтэкъэ ар: и нэIэ тригъэкIыртэкъым, цIыхум зэрахишэным пылъ зэпытт.
ЛIы гуп щакIуэ ежьауэ щызэхихым, ЩэуапцIэ и адэр елъэIуащ:
- Си щIалэри гъусэ фщIы, Iэпыдзлъэпыдз фхуэхъунщ, - жери.
ЩакIуэ здашащ щIалэр. Мэзым пщыIэ щыхасэри, зы бланэ къащэкIуауэ, шэджагъуэ хъуати, ЩэуапцIэ къыжраIащ:
- ЩэуапцIэ, псыхьэ тхуэкIуэ.

И дзыхь къыщыуигъэзыр

Къуршхэми щыIэщ климат зэгъ, уздэщыIэм и лъагагъыр щыямылейм деж. 

Хэхэсхэр дзыхэркъым

Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIаныр зауэ-банэм хэмыкIыу псэу курдхэр къигъэIурыщIэну, я щхьэ къамыIэтыжын хуэдэу и бжьым щIигъэувэну сыт щыгъуи иужь итащ. СулътIаным и мурад бзаджэм мэIуху хуищIат Тыркум зи псэр нэзыхьэса адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы мыгъуагъэм зыщызыдзеяхэр етIуанэ мыгъуагъэм Iууащ. Ахэр цIыху зыщымыпсэуф Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр), Хинзир-Даг, Коча-Даг, Айгормез-Даг, Али-Даг мывалъэ щIыпIэхэм ягъэкIуащ. Ябгынэжа щIыналъэр адыгэхэм къагъэIурыщIэмэ - зыфI, ар яхузэфIэмыкIыу илIыхьмэ - фIитI. Арагъэнут тырку унафэщIхэм Iуэхур зытращIыхьар.

Агъышэ и щыгум

(повестым щыщ пычыгъуэ)

Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэр зрагъащIэ

Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр зэгъэпэщыжыным икIи егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэр зэрагъэзащIэр къахутэу Май икIи Тэрч щIыналъэхэм иджыблагъэ щыIащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викториерэ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 14, бэрэжьей 

Лъы зытым и дунейпсо махуэщ
УФ-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1936 гъэм
КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ и управленэр къызэрагъэпэщащ.
1955 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, драматург, егъэджакIуэ ЛIыхэс Мухьдин.
1964 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэщыкъуей Олег.

УIэгъэ мыкIыж

Зауэм гуауэрэ насыпыншагъэу къихьыр зылъэгъуахэр ирогуауэщхьэуэ фашистхэм ноби я щхьэр къызэраIэтыжым. КъаIэтыж къудейм къыщымынэу, Гитлер и мурадар нэхъри убгъуауэ зэрагъэхъулIэн гуращэ зэраIэрщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр, абы и жэрдэмщIакIуэр зи щIыналъэм зауэ нэмыса, ауэ нэгъуэщI къэралхэм щызэуэнымкIэ жыджэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Сыхуейт, Хэку зауэшхуэм ди Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ цIыкIум къыхуихьа гуауэмрэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэмрэ  иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыну.

Зэхьэзэхуэм щыпашэхэр

Дзюдо

«Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ СССР-м дзюдомкIэ спортым и мастер Газаев Руслан и фэеплъу, 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэр хэту къызэрагъэпэща дзюдомкIэ япэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ спортсмени 114-рэ къызэщIэзыубыда гупибгъу.

НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ

Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси  6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид.