Къурмэн Хьид махуэ лъапIэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу. Мы махуэшхуэм псэкупсэ мыхьэнэ куу иIэщ уэ пхуэдэ цIыхур фIыуэ плъагъуным, захуагъэм, псэ къабзагъэм, пщIэрэ нэмысрэ уи зэхуаку дэлъу узэдэпсэуным укъыхуигъэушу. Зэи мыкIуэдыжыну а цIыхугъэм и хабзэхэм лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралышхуэм щыпсэухэр быдэу зэрапх, ди зэкъуэтыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ къару лъэщ хуохъу.