Календарь событий

30 июня 2023

Хымрэ псымрэ ехьэлIа псалъэхэр

 

ХырыкI  - за морем

УсакIуэщ, нанотехнологщ

Бэрбэч Аслъэнджэрий Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрым и IэщIагъэлIщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ математикэмкIэ и факультетым «Нанотехнологиехэр - электроникэм» къудамэм щеджащ. Аслъэнджэрий усакIуэщ, и IэдакъэщIэкIхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ.

Анэм и IэщIагъэр къэзыщта пщащэ

Москва Хьэрычэт Iуэхухэмрэ дизайнымкIэ и институтым и еплIанэ курсым щеджэ Сэральп Ликэ ящыщщ зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэм.

Щыгъын хужькIэ зыпхуэпэныр суннэщ

  Гу лъумытапIэ имыIэу, иужьрей зэманым ди уэрамхэм кIуэ пэтми нэхъыбэу щыдолагъу щэкI фIыцIэм къыхэщIыкIа фэилъхьэгъуэкIэ захуэпэныр Iэмалыншэу къызыщыхъухэр. Псом хуэмыдэу, ар я нэрыгъщ фарзым тету зызыхуапэ, щIэхъумапхъэхэр щIэзыхъумэ муслъымэн цIыхубзхэм ящыщ куэдым. Алыхьталэм и унафэм щIэувэу, зэрызахъумэжым папщIэ щытхъу яхуэфащэу щытми, Iимам Сэбаншы Хьэдис зэрыжиIэмкIэ, ахэр топлъэкъукI «нэм къыфIэмынэн» жыхуиIэ тегъэщIапIэм.

ЖэмтIушкIэ

(Сабий рассказ)

         Лъэрусэ нанитI иIэт, абы къыхэкIыу жэмтIушкIэт хьэблэм дэсхэр къызэреджэр. КIулэ нанэ  къеджэрти, я деж иришэкIырт пщIантIитIым я зэхуакум хэлъ набжэ цIыкIумкIэ. Шэджагъуэм зэрынэсу, зэгуэр и бынхэр зыхипIыкIа дэшхуей гущэм и IэлъэщI кIапэхур ириубгъуэрт, зи гущэ хэлъыгъуэр фIыуэ блэкIа сабий гъэужьыр абы трипхэрти, таурыхъ жриIэурэ игъэжейрт. Апхуэдэ махуэхэм ящыщ зым фIыуэ жейуэ къэушыжа цIыкIум хадэмкIэ иунэтIащ - КIулэ нанэ хьэсэм хэст бжьыным къищIа кIыгу щхьэкIэхэр къыпичу.

ЩIэблэр узыншэу прсэуным хуаущий

Бахъсэн районым щекIуэкIащ наркотикым пэщIэтыным теухуа зэхуэс.  Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм  щызэхэтащ «Блын, губгъуэ къабзэхэр»  республикэ  акцэ. Ар хуэунэтIащ  щIалэгъуалэр наркотикым пэIэщIэным, къытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу псэуным.     

Узыпхрыплъу къабзэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ фIэщыгъэцIэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».

ГъущI Iунэ нэгъунэ

ГъущI Iунэр къагъэсэбэпу щытащ пасэрейхэм. Пэжщ, ахэр къыхэщIыкIат пхъэм е къупщхьэм. Жэзым къыхэщIыкIа гъущI Iунэ къыщагъэсэбэпыу щIадзауэ щытащ Пасэрей Мысырым.

КъБР-м и прокуратурэм

                 

                                               ЩыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэж

Шэджэм районым и прокуратурэм  къегъэув  кIэрыхубжьэрыху  быдэхэр зракIутэну контейнерхэр ягъэувыну.  

Район прокуратурэм  къипщытащ IуэхущIапIэхэм я пхъэнкIийхэм ехьэлIауэ  законым къигъэувхэр щIыпIэ самоуправленэм зэригъэзащIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ,  районым и къуажищым щыIэкъым коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху   быдэхэр зракIутэхэр.   

Къэбэрдей прозэм и гъатхэ

 

 

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и «Софят и гъатхэ» повестыр япэу дунейм къытехьащ 1954 гъэм. Лиризм берычэткIэ зэщIэгъэпса а повестым хужаIэу щIадзэ "къэбэрдей прозэм и гъатхэри",  дахагъэ нэсым и щапхъэри, гурыщIэ къабзэм и тепщэри, псэукIэ къэщIэращIэм и гимнри, нэгъуэщI псалъэ куэди. Повестыр занщIэу хэIущIыIу мэхъу, ди къэралым и лъэпкъыбэ литературэр а лъэхъэнэм зэрыгушхуа щапхъэхэми хабжэ, ехъулIэныгъэ мыжыжьэхэм я япэ нагъыщэри траIуэ.  Абыхэм фIыуэ, гурыIуэгъуэу тепсэлъыхьащ критик, литературовед  Сокъур  Мусэрбий.

Нобэ

Мэкъуауэгъуэм и 30, мэрем

         Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ

         Астероидым и дунейпсо махуэщ

         1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.

         1891 гъэм къалъхуащ шыхъуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ.

         1945 гъэм къалъхуащ Канадэм щыщ профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, нарт эпосым тетхыхьа Коларуссо Джон.

Зы мащIэт яхуримыкъуар…

       ПщылIыр пасэу Урысейм щыIукI пэтащ. Абы IэмалыфI къыхукъуэкIат зыужьыныгъэ тэмэмым и гъуэгум теувэну, ауэ апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэщи, псори напIэзыпIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ. зыпэмыплъам икъутэжащ.

Хэкур фIыуэ ялъагъун папщIэ

КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым я нэIэ щIэту, накъыгъэм и 30-м Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым иригъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджын зэрыхуейр зи лъабжьэу щыта щIэныгъэ конференц.

ГъуэгущIэр пхыша мэхъу

Урыс-Кавказ зауаем хэкIуэдами е лъахэм иIэпхъукIами, сыткIи пхузэмыгъэзэхуэжын хэщIыныгъэ зыгъуэта адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ мащIэу адэжь щIыналъэм къинар 19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм мамыр псэукIэм хуэкIуащ. ПщылIыпIэр зытраха бгырыс лъэпкъхэми къалэну я пащхьэ къиувэр илъэсищэ лъыгъажэм и Iэужь зэхэкъутэныгъэхэр зэфIэгъэувыжынырт, псэукIэ тэмэм къызэгъэпэщыжынырт, абрэмывэу зыри захуемыщIэ я щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьынырт.

«Урысейм и налкъутналмэс гъэтIылъыгъэхэр»

Москва Кремлым щагъэлъагъуэ «Урысейм и налкъутналмэс гъэтIылъыгъэхэр» выставкэр. Тхыдэ дахэ къызыдекIуэкI, щIэныгъэ, художественнэ мыхьэнэ зиIэ гъуазджэ хьэпшыпхэр и мылъкущ Къэрал лъапIэныгъэхэм я гъэтIылъыгъэм.

Рейхстаг

Рейхстагыр - нэмыцэ парламентым и унэщ. 1894 гъэм щыщIэдзауэ 1933 гъэ пщIондэ абы щекIуэкIащ парламентым и зэIущIэхэр. 1999 гъэм ухуэныгъэм и цIэр БундестагкIэ зэрахъуэкIащ. Ар здэщыIэр Берлин и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ икIи абы зыплъыхьакIуэ мелуанхэр макIуэ.

Бундестагым и кIуэцIымкIи и щIыбымкIи иджыри ущрохьэлIэ урыс сэлэтхэм традзауэ щыта тхыгъэхэм, фочышэхэм кърауда блынхэм. Унэшхуэр зыхуей хуагъэзэжами, зауэм и лъэужьхэр къагъэнащ цIыхухэр мелуан бжыгъэкIэ зыхэкIуэда гузэвэгъуэр ящымыгъупщэжын папщIэ.

ГушыIэри гъэсэныгъэм и зы Iэмалщ

Ставрополь къалэм и «Россия - моя история» музей-выставкэ IуэхущIапIэм мэкъуауэгъуэм и 24-м пщIэншэу щагъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щытраха «Испытание аулом» унагъуэ комедиер.

Фильмыр мазэ бжыгъэкIэ щытрахащ КъШР-м хыхьэ Кызыл-Тогай къуажэмрэ Черкесск къалэмрэ. Абы нэхъыбэу щыджэгуар а щIыналъэм щыпсэухэрщ, лэжьыгъэм и пэ къихуэу актёр Iэзагъэм и щэхухэм мащIэ дыдэу хуагъэсахэр.