Календарь событий

19 июня 2023

Хэт хъуну мамлюкхэр?

Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 737-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт?

«МэлыIычхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ» романым щыщ пычыгъуэ

Нэхъапэм хьэщIэщу яIауэ, иджы «ищхъэрэ унэ» зыфIищыжам хэт пщэфIапIэм щIэст Зэирэт. Абы, Iуамыхыжауэ, хьэкушхуэ щIэтт, унагъуэм жьэгукIэ пщэфIа шхын ягу къихьэмэ, щипщэфIу. ПщэфIапIэбжэр зэрыIупхыу къэдабэ плъыжь ибзауэ диванышхуэм уIуплъэт. Диваным Iэнэ цIыкIу бгъурытт. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

МахуэщIэм гугъэщIэхэр хузэпызыщэ

«Iуэхур зы илъэсым теухуамэ, хьэпцIий хэсэ, ауэ лIэщIыгъуэхэм ятещIыхьамэ, сабий гъасэ», - жеIэ цIыхубэ псалъэжь Iущым. Аруан къуажэм щыщ Хьэкъун Хьэлимэт Алихъан и пхъум и гъащIэри и гуащIэри зэрыщыту зыхуэгъэпсар къызыхуалъхуауэ къилъытэ егъэджакIуэ IэщIагъэм и пщIэм хигъэхъуэнырщ, анэдэлъхубзэм и лъапIэныгъэхэм ныбжьыщIэхэр щIэпIыкIынырщ, абыхэм цIыху нэс, акъылыфIэ къищIыкIынырщ.
«И гур итхьэщIыкIауэ цIыхухэм яхэтщ, сабиипсэм и хъумакIуэ нэсщ», - къыхужаIэ ар къэзыцIыхухэм. ИпэжыпIэкIи апхуэдэущ ар и лэжьэгъухэм зэрацIыхури.

ЕгъэджакIуэм и лъахэм – сурэт лъагъуэкIэ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм «ЕгъэджакIуэм и лъахэм» («Учитель за порогом класса») фIэщыгъэр зыгъуэта сурэт зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIынум, абы и къызэгъэпэщыкIэ хъунум ехьэлIа зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.

ФэрэкIхэлъхьэр къезыхьэжьар адыгэхэрщ

 XVII-XVIII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа Вольтер Франсуа франджы узэщIакIуэщ, усакIуэщ, тхакIуэщ, нэхъыбэу зэрыцIэрыIуэр и философ тхыгъэхэрщ. ФэрэкIхэлъхьэ ящIу Европэр езыгъэсар инджылызхэрщ, ахэр зыдэплъеижар – тыркухэрщ, ауэ псори къезыгъэжьар адыгэхэрщ, - жеIэ Вольтер. Абы дыкъыщоджэ тхакIуэм и «Философ тхыгъэхэм» щыщ 11-нэ Iыхьэм. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 19, блыщхьэ
1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Соблыр Андемыркъан.
1960 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, республикэм и Правительствэм и саугъэтыр зрата БищIо Iэсият.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24-рэ, жэщым  градус 18 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бзылъхугъэмрэ жэнэтымрэ

Псысэ
Бзылъхугъэ гуэрым и лIэгъуэр къэблагъэри, псэхэхыр къыхуэкIуащ. ЦIыхубзым ар зэрилъагъуу пыгуфIыкIри, «Сыхьэзырщ» жиIащ.
-Сыт узыхуэхьэзырыр? - щIоупщIэ псэхэхыр.
-Ди щхьэщыгу итым и пащхьэ сихьэжу, жэнэтыр унапIэ схуэхъуным, - жиIащ абы.
-Жэнэтым уагъэкIуэну дэнэ щыпщIэр? – псэхэхым игъэщIагъуэу щIоупщIэ.
-Сыт сыщIамыгъэкIуэнур? Сыкъызэралъхурэ гугъу сехьу сопсэу, Тхьэм и нэфIыр къэзлэжьауэ къысщохъу.
-Дауэ гугъу узэрехьар?