Календарь событий

26 июня 2023

Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр ягъэтэмэм

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэ. 
КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и залог фондым хиубыдэхэм ехьэлIауэ Правительствэм игъэхьэзыра проектыр. Фондым и мылъкум къыхэхъуэнущ Налшык Пушкиным и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет унэ №18-р. 
Министрым игъэбелджылащ Киров С. М и цIэр зезыхьэ санаторэм пщIэншэу къигъэсэбэпыну щIы Iыхьэ иратыным теухуа проектри. 

Микроволновкэр СССР-м и щIэныгъэлIхэм сытыт щIамыдэр?

СССР-м 70 гъэхэм микроволновкэ хьэку щащIынуи къыщагъэсэбэпынуи хуимыту унафэ къыщащтат. Псори къызыхэкIыр ар къухьэпIэм зыхузэфIэкIхэм къызэрагъэсэбэпыртэкъым, абыхэм зрагъэщхьыну зэрыхуэмейратэкъым, атIэ абыхэм зрагъэщхьыну зэрымейратэкъым, цIыхум и узыншагъэм зэраныгъэу къыхуихьыр зэрыинырт.
Германием къыщагупсысат

IэмалыщIэхэр къагупсыс

Дуней псом я щIэныгъэлIхэм иджыпсту куууэ ядж цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымрэ гъащIэ кIыхь яIэнымрэ зэлъыта щэхухэр.
Иджырей цIыхум и гъащIэр пIейтеиныгъэхэмкIэ гъэнщIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы къыдокIуэ жейм емызэгъыныр, тэмакъкIэщIыгъэр, губжьыр. Узыншагъэр къызэпауд фадэм, тутыным, щыс зэпытым, фIагърэ къабзагъэрэ зыбгъэдэмылъ ерыскъыхэкIхэм - а псоми цIыхур щыгъуазэ хуэдэщ, атIэ абыхэм сыт щIэуэ къахэхъуа иужьрей илъэсхэм?

ЛъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ

          Бабыгу шытх
Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ Къухьэп1э Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. А тIум я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу шытхкIэ йоджэ. ТхыцIащхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ

Бий къыхуэхъужат...

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым къэхъуа Израилыр къэрал телъыджэщ. Абы щыпсэухэм я Iыхьэ щанэм урысыбзэр фIыуэ ящIэ, абы иропсалъэ ауэ КъухьэпIэм, щхьэтечу жыпIэмэ, США-м быдэу епхащ - езыр щыIэныр зыхилъагъуэри абы къуэтынырщ. АрщхьэкIэ а шыIэныгъэм и гугъу пщIымэ, Израилыр къызэрыунэхуари, зэрызэфIэувари нэхъыбэ дыдэу зи фIыгъэр СССР-щ. Хэбгъэзыхьмэ, Совет Союзым ар къригъэлауэ щытащ.

УЭКЪУЛЭ

ЩIэныгъэлI, IуэрыIуэтэдж, КъБР-м   и цIыхубэ артист   КъардэнгъущI Зырамыку ди республикэм и  къуажэхэмрэ  жылэ жыжьэхэмрэ  щызэхуихьэсыжа хъыбархэр, IуэрыIуатэхэр, хабзэжьхэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъыщхьэхэм,    нэхъыщIэ куэдым щIэх-щIэхыурэ къащтэжурэ зэрызаущийж  Iэужь телъыджэщ.  Абыхэм ящыщ зы хабзэ гъэщIэгъуэн, адыгэр зыр-зым зэрыдэIэпыкъуу щытам теухуауэ,  фигу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ. 

Дуней псом щыIуа хьэгъуэлIыгъуэ

Иорданием и пащтыхь Абдалла II и бынитIым я хьэгъуэлIыгъуэр мы гъэм ящIащ. Ипхъу Иман гъатхэпэм унагъуэ ихьащ. И къуэ Хъусейн иджы дыдэ къишащ. Абы ирагъэблэгъащ дуней псом щыщ цIыху цIэрыIуэхэр, я благъэхэр, Iыхьлыхэр. 

Хьэршым япэу лъэта цIыхубз

Илъэси 150-рэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэт и гугъэнт цIыхум бзум хуэдэу зиIэту уэгум къыщызылъэтыхь кхъухьлъатэхэр, ракетэхэр, ЩIы лъагъуэм ит спутникхэр къигупсысу хьэршыр къихьэхуну?! Абы и закъуэ, а Iуэхугъуэ телъыджэр бзылъхугъэм дзыхь хуащIу ягъэлъэтэну! 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м илъэс 60 ирикъуащ урысей космонавт бзылъхугъэ Терешковэ Валентинэ хьэршым зэрылъатэрэ. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 26, блыщхьэ
Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ
Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм къалэм и япэ санаторэ къыщызэIуахащ.
1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
1938 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио.

Бзу нэхъ цIыкIу дыдэр

Дунейм нэхъ бзу цIыкIу дыдэу тетым «колибри»-кIэ йоджэ. Ар лIэужьыгъуэ 300-у зэщхьэщокI. Плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэ дахэ яIэщ. Колибрим я нэхъыбэм сантиметри 5 - 7 я кIыхьагъщ. Нэхъ ин дыдэр я кIапэмрэ  пэмрэщ. Илъэси 9 хуэдизкIэ мэпсэухэ. Нэхъыбэ дыдэрэ псэуауэ къабжащ илъэс 17. Я нэхъ цIыкIу дыдэр, «колибри – бжьэ цIыкIу» зыфIащар граммитI къудей хъууэ аращ. Колибрим ящыщу лIэужьыгъуэ нэхъ иным «исполин колибрикIэ» йоджэ. Абыхэм сантиметр 21-рэ я кIыхьагъщ, грамм 20 я хьэлъагъщ.

Iууэйси и усыгъэр

 Нобэ фэдгъэцIыхуну усакIуэ бзылъхугъэр и лъэпкъкIэ узбекщ, и цIэ дыдэр: Iууэйси Джэхан-Атынщ (I78I-I845). Дунейпсо усыгъэм зэрыхэIуар «Iууэйси» цIэ леймкIэщ. Зэрытхэу щытар узбекыбзэм и чагатай къудамэрщ. И IэзагъкIэ, бзэр зэригъэIурыщIэ хъэтIкIэ Iууэйси хуагъадэ и лъэпкъэгъу цIыхубз усакIуэхэу Надирэ, Махзунэ сымэ. Щыри Коканд щэнхабзэкIэ зэджэ лъэхъэнэм хеубыдэ.